Жэрдэмхэр нэхъыбэ мэхъу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «ЩхъуантIагъэм и хъумакIуэхэр» зи фIэщыгъэ и щIыуэпс зэгухьэныгъэр иджыблагъэ хэтащ пхъэнкIийр зэхэхауэ идзын хуейуэ зыгъэув жэрдэмым. Iуэхур нэхъыбэ дыдэу теухуат пластикэхэкIхэмрэ сэхусэплъхэкIхэмрэ зэхэпкIутэ зэрымыхъунум, ахэр Iэмалыншэу зэхэдзын икIи зэщхьэщыхауэ щытын зэрыхуейм.

 

IыхьитIу зэхэт щIыуэпс жэрдэмыр къыхэзылъхьар КъБР-м фIыуэ къыщацIыху косметологхэм ящыщ Батырбековэ Джамилэщ. Абы ищIа гукъэкIыр къыдищтащ КъБР-м пхъэнкIийр дэшыным елэжьу щыIэ «Экологистика» IуэхущIапIэм, Налшык къалэм зиужьынымкIэ институтым, «Iуэху зыщIэ Урысей» хьэрычэтщIакIуэ зэгухьэныгъэм.
Батырбековэ Джамилэ зэрыжиIэмкIэ, косметологием и ягъэшхуэ дыкъэзыухъуреихь дунейм йокI, IэнатIэм къыщIигъэкI зэрызагъэдахэ Iэмэпсымэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ щIыуэпсым зэраныгъэу иратыр илъэс пщIы бжыгъэкIи илъэсищэ бжыгъэкIи пхузэмызэгъэхуэжынкIи хъунущ.
«Езым и узыншагъэмрэ и теплъэмрэ ихъумэну иужь зэритым хуэдэ къабзэу, дыкъэзыухъуреихь дунейм и къабзагъэр къызэтенэным, и дахагъ псори хъумэным зэрыхуэныкъуэр цIыхум щыгъупщэ хъунукъым. Абы къыхэкIыу зэрызагъэдахэ сэхусэплъыр къыщыхахкIэ ар зэрылъ къуардэр зыхуэдэм Iэмалыншэу еплъын хуейщ. Сэхусэплъылъэхэм яхэтщ пхъэнкIийм ибдзмэ, къыщIивыкI щхъухьыр щIымрэ псымрэ егуауэ, илъэсищэкIэ мыкIуэдыж; яхэтщ, щIым нэсмэ, щIэх хэфыхьыжрэ щIыгулъым хэзэрыхьыж, етIуанэу зэбгъэкIуэкI хъухэр. Ауэ щыхъукIэ, пластикым къыхэщIыкIа сэхусэплъылъэхэмрэ къуардэхэмрэ и кIэм нэс ямыунэщIу къыщынэр нэхъыбэщ. ПхъэнкIийр зэхэбдзми, ткIуаткIуэр зрамыунэщIыкIа пластикхэкIхэр нэхъыбэм промышленностым пIихыркъым, нэгъуэщI Iэмэпсымэ е хьэпшып къыхэпщIыкIыжи хъуркъым, аращи, щIыгулъым егуауэу илъэс пщIы бжыгъэхэм щIэлъщ. Дэ ди къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ апхуэдэ IуэхухэмкIэ цIыхум щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэныр, цIыхум къигъэсэбэпа бьюти-пхъэнкIийр идзын зэрыхуей хабзэхэм щыдгъэгъуэзэныр», – жиIащ Батырбековэ Джамилэ.
ЩIыуэпс жэрдэмым и етIуанэ Iыхьэм хыхьэу Налшык къалэм зиужьынымкIэ институтым къызэригъэпэща «ЗэбгъузэнатIэ» арт-утыкум щIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ щхьэж и гупсысэ, и Iуэху еплъыкIэ, бгъэдыхьэкIэ щыжиIэ экоуэршэр щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «ЩхъуантIагъэм и хъумакIуэхэр» и щIыуэпс зэгухьэныгъэм хэтхэр Iуэхугъуэм къыхыхьахэм лекцэхэм къахуеджащ, мастер-класс зэмылIэужьыгъуэхэр драгъэкIуэкIащ, видеотеплъэгъуэ зыбжанэ ирагъэплъащ. Ахэр псори теухуат кIэрыхубжьэрыхухэр зэхэпкIутэ зэрымыхъунум, атIэ уи унэм щIэпхын ипэкIэ зэхэдзын зэрыхуейм.
ЩIыуэпсыр хъумэным хуэунэтIа Iуэхугъуэхэр нэхъыбэ хъуныр нобэрей дунейм и зы нэщэнэщ. А Iуэхугъуэр лъоIэс цIыхур зыпэрыт сыт хуэдэ IэнатIэми. Иджырей Iуэху зехьэкIэр епхащ щIыуэпсыр къабзэу къэгъэнэным е пхуэмыгъэзэкIуэжын зэраныгъэ абы ехыным. ЦIыхухэм гу лъатэ дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжам, гъэмрэ щIымрэ я мардэр къызэрытIэсхъам, хуабэмрэ щIыIэмрэ я пIэ зэрикIам.
«Ди гуапэ зэрыхъунщи, зытет дунейм и щытыкIэр къылъэIэс Iуэхугъуэхэм ящыщу къэзылъытэ цIыхухэр нэхъыбэ мэхъу, абы хузэфIэкI хилъхьэну хущIэкъухэм, щIыуэпс жэрдэм къыхэзылъхьэхэм я бжыгъэм хохъуэ. Ар хъарзынэщ. Дэри пщэрылъ зыщыдощIыж цIыхум ищI гупыжым щIэныгъэ лъабжьэ хуэщIыныр, щыIэ щытыкIэр ебгъэфIакIуэ зэрыхъуну бгъэдыхьэкIэ зэпэшэчахэм щыгъэгъуэзэныр. Бьюти-пхъэнкIийр гуэх имыIэу епхащ технологиемрэ промышленностымрэ я зыужьыныгъэм. А зыужьыныгъэм ифI цIыхум зэрекIым хуэдэу, щIыуэпсми екIыу щIын хуейщ. Ар цIыхухэм къагурыIуэ хъуащ, иджы IэнатIэм хэтпщэну къытпэщылъщ. Си фIэщ мэхъу къызэрыдэхъулIэнури», – жиIащ КъБКъУ-м щIыуэпсыр хъумэнымрэ дыкъэзыухъурехь дунейр къэгъэсэбэпынымкIэ къудамэм и унафэщI, «ЩхъуантIагъэм и хъумакIуэхэр» зэщIэхъееныгъэм хэт Шыбзыхъуэ Аскэр.
КъызэгъэпэщакIуэхэмрэ жэрдэмщIакIуэхэмрэ щIыуэпс пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэхэм хэтахэм псоми тыгъэ лъапIэхэр иратащ, нэгузегъэужь джэгукIэхэр драгъэкIуэкIащ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: