ЦIыхухэр сакъыну къыхураджэ

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабыр республикэм щыпсэухэмрэ и хьэ­щIэхэмрэ йохъуэхъу дызыпежьэ ма­хуэш­хуэхэмкIэ - ЩIэныгъэм и махуэмкIэ, Налшык къалэм и махуэмкIэ, Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэр ­илъэси 100 зэрырикъумкIэ - икIи къы­ху­реджэ набдзэгубдзаплъэу щы­тыну, терро­риз­мэм зыщыхъумэнымкIэ хабзэхэр ягъэзэщIэну:
– къызэрымыкIуэ щытыкIэ къэхъу­ныр къызрикIуэнкIэ икIи къызэхуэсахэмкIэ шынагъуэ къэзышэнкIэ хъуну Iуэху фымылэжь;
– автотранспортыр абы хухэха щIы­пIэхэм щывгъэув;
 – шэч гуэр фэзыгъэщI хьэпшып е автомашинэ фрихьэлIамэ, апхуэдэуи терракт ялэжьыным, зыгуэрхэм къауэ пкъыгъуэрэ Iэщэрэ зэраIыгъым, щIэпхъаджагъэ ялэжьыну зэрызагъэ­хьэзырым пыщIауэ щытынкIэ хъунухэм ятеухуа хъыбар къыфIэрыхьамэ, хабзэхъумэ органхэмрэ апхуэдэ Iуэхухэр зэхэзыгъэкIыну зи къалэн IуэхущIапIэхэмрэ икIэщIыпIэкIэ хъыбар евгъащIэ;
– хабзэхъумэ органхэм я лэжьа­кIуэхэмрэ нэгъуэщIхэу цIыху куэд щызэхуэс Iуэхухэр щрагъэкIуэкIкIэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр зи пщэрылъхэм хабзэм ипкъ иткIэ къыфхуагъэувхэр вгъэзащIэ.
КъаIэрыхьэ сыт хуэдэ хъыбарри нэгъэсауэ къапщытэнущ, кърагъэщIа хъыбар псоми ехьэлIа зыхуэфащэ Iэмалхэр къагъэсэбэпынущ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщы­ным хуэунэтIауэ.
КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым шэч зыхуащIым ехьэлIа хъыбар къа­Iэрызыгъэхьахэр хэIущIыIу ищIынукъым, апхуэдэуи фIыщIэ яхуещI республикэм щыпсэухэм зэрызэхащIы­кIым папщIэ.
«Линэ пщтыр» телефонхэр:
- КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым - 48-15-48;
– Урысейм и ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм - 48-15-81 (дзыхь зрагъэз телефон);
– КъБР-м щыIэ МВД-м - 40-49-10 (плъыр часть), 49-50-62 (дзыхь зрагъэз телефон);
- УФ-м СледствиемкIэ и комитетым СледствиемкIэ и управленэу КъБР-м щыIэм - 77-64-22 (дзыхь зрагъэз телефон);
– Урысейм и МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм - 39-99-99 (плъыр часть).

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штаб.
Поделиться: