«ШыщхьэуIум и ныбжьыщIэхэр» мэхасэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ комплексым иджыблагъэ «ШыщхьэуIум и ныбжьыщIэхэр-2022» (Августёнок-2022) щIыуэпс зэхуэсыр щекIуэкIащ.

НыбжьыщIи 110-рэ хуэдиз зыхэта зэхуэсыр къызэзыгъэпэщри езыгъэкIуэкIри КъБКъУ-м и студент къудамэхэм я ЗэзыгъэуIу советырщ. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, зэхуэсым и мыхьэнэм кIуэ пэтми хохъуэ, къыхыхьэ ныбжьыщIэхэр илъэс къэс нэхъыбэ мэхъу. КъБКъУ-м илъэсым и кIуэцIкIэ иригъэкIуэкI щIэныгъэ зэхуэсхэм, Iэнэ хъурейхэм, нэгузегъэужь Iуэхугъуэхэм, зэхьэзэхуэхэм жану зыкъыщызыгъэлъагъуэ, дунейпсо, урысейпсо икIи хэгъэгупсо утыкухэм екIуу ихьэ щIалэгъуалэм я зыгъэпсэхупIэу къежьа жэрдэмыр щIэныгъэ хэхыпIэ, акъыл гуэшыпIэ, гупсысэ къэгъэщIыпIэ хъууэрэ макIуэ. «ШыщхьэуIум и ныбжьыщIэхэр» зыфIаща зэхуэсыр ныбжьыщIэхэр Iуэху зехьэкIэмрэ унафэ щIыкIэмрэ щыхуагъасэ щIыпIи мэхъу. «IитIыр зэрымытхьэщIмэ, зэрыщIэркъым» жыхуиIэм хуэдэу, цIыхум и хьэл-щэныр псыхьа щыхъур щытыкIэ къызэрымыкIуэхэрщ. Зыгъэпсэхуныр, нэгу зегъэужьыныр хьэл-щэныр нахуэ къыщыхъу щIыпIэщ. ЦIыхур зыхуэдэр къыщыпщIэр, пыщIэныгъэхэр хууиIэ щыхъур ущызэхыхьэрщ, ущызэрыщIэрщ, ущызэрыгъуэтырщ.

«ШыщхьэуIум и ныбжьыщIэхэр», дауи, утыку зэмылIэужьыгъуэхэм ихьащ, зыщагъэлъэгъуэнуи хунэсащ, ауэ щытыкIэ къызэрымыкIуэм ихуэу цIыхур гъунэгъуу нэIуасэ къащIыну хунэсакъым. Абы и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, зэхуэсым къалэнышхуэ егъэзащIэ – щIалэгъуалэм я цIыхугъэр Iуэху щIэкIэм хэлъын хуей щэнхабзэм и жыпхъэм ирагъэувэ.

«Зэхуэсым къыхыхьэхэм еджэныгъэм, лэжьыгъэм, IэщIагъэм, дуней тетыкIэм хуаIэ еплъыкIэхэр дунэтIыну дыхущIокъу, щхьэж и Iуэху еплъыкIэмрэ гупсысэкIэмрэ хэлъ гъэщIэгъуэнагъхэр къыхэдгъэщыным, тегушхуауэ утыкум къызэрыралъхьэным дытолажьэ. ЗыгъэпсэхупIэ хуэдэу щIалэгъуалэр къызэхуэсми, мыбдеж щагъакIуэ зэманым купщIэ хэлъу дгъэпсыну, щалъхуа лъахэм хуаIэ щытыкIэр нэхъ зэрыдгъэубыдыну дыхэтщ. КъБКъУ-м и студент къудамэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм хэтахэм ядедгъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм къыкIэлъыкIуэ зэхуэсыгъуэ пщIондэ зэщIеIэтэ, цIыхухэр зэгъунэгъу ещI. ЖыпIэнурамэ, «ШыщхьэуIум и ныбжьыщIэхэр» мэхасэ, цIыхугъэм, ныбжьэгъугъэм, IэщIагъэм, дахагъэм теухуауэ яIэ гупсысэхэм унафэрэ гъуэгурэ ират», – жиIащ ЗэзыгъэуIу советым и унафэщI Хъут Зураб.

«Мы гъэм япэу сакъыхыхьауэ аращ зэхуэсым. Къапщтэмэ, нэхъапэкIи КъБКъУ-м и ЩIэныгъэ-егъэджэныгъэ комплексми сыкъэкIуатэкъым. Ауэ слъэгъуамрэ зэхэсхамрэ гукъыдэж къызатауэ, сыт сщIэн, сыткIэ сыщхьэпэн, си гуращэхэм сыт хуэдэ гъуэгу естын жысIэу сокIуэж. ЩIалэгъуалэр зы унагъуэу дызэхиша къудейкъым мыбы, атIэ ди гупсысэр нэхъ бзыгъэ ищIащ, дызыщIэхъуэпсхэр кIагъэпшагъэу тлъагъуу щытамэ, иджы зыпкъ гуэр яIэщ, ди хъуапсэхэр гъащIэм хэтпщэн щхьэкIэ, иIэнкIэ хъуну лъэпощхьэпохэм къэрал хабзэхэр я тегъэщIапIэу зэрыдгъэзэщIэным хэтщIыкI дыхъуащ. «Зызгъэпсэхунущ, си нэгу зезгъэужьынущ» жысIэу Iуащхьэмахуэ лъапэ сыкъэкIуами, акъыл къызыхэсхын куэд седэIуауэ сокIуэж. Мыбы щызэхэсхамрэ щыслъэгъуамрэ къэзгъэсэбэпу здэзгъэзэжыну еджапIэми тьютор IэнатIэр щызесхьэну сыхуейуэ сокIуэж. ВэрылI Марьянэ къызэджа лекцэхэм яужькIэ апхуэдэ гупсысэ къыпхуэмыушыныр Iэмал зимыIэщ. Цыхур дунейм щIытетыр апхуэдэ зыгуэрщ – ищIэмрэ зыщыгъуазэмкIэ адрейхэм ядэгуэшэныр. Сэри схузэфIэкI къэзгъэнэнукъым абы и лъэныкъуэкIэ», - жеIэ КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм и 2-нэ курсым щеджэ Джэтауэ Инарэ.

Мы зэхуэсыр КъБКъУ-м 2009 гъэ лъандэрэ ирегъэкIуэкI, щIалэгъуалэр къызыхэжаныкIа Iуэхухэм нэхъри тригъэгушхуэу. Я гупсысэмрэ гуращэмрэ зэрыубыда хъун папщIэ, къызэгъэпэщакIуэхэм лекцэхэр ирагъэкIуэкI, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм теухуауэ мастер-классхэр, зэныкъуэкъухэр, практикумхэр зэхашэ. Апхуэдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ ныбжьыщIэхэр зыщагъэгъуазэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ теухуауэ щыIэ къэрал хабзэхэр щызэпкърах зэIущIэхэми.

ЩIалэгъуалэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм «ШыщхьэуIум и ныбжьыщIэхэр» зэхуэсыр 2017 гъэм студент жыджэрхэм я зэхуэсыпIэ нэхъыфI дыдэхэм хилъытащ. «ЩIалэгъуалэ дунейр гъэщIэгъуэну зэхэлъщ, еплъыкIэ щхьэхуэрэ псэукIэ хэхарэ щызекIуэу. Хъуапсэмрэ хущIэкъуныгъэмрэ тещIыхьа ныбжьыщIэ гупсысэкIэр дунейм къыщытехьэн щIыпIэ иIэн хуейщ. Мис апхуэдэ лъахэщ «ШыщхьэуIум и ныбжьыщIэхэр» щызэхыхьэ утыкури», – жаIэ ЩIалэгъуалэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщIхэм.

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу