ЩIэныгъэлIхэр а гупсысэм щыхуэкIуар Maven хьэршыры-кIуэ спутникыу Марсым и хъуреягъыр къэзылъэтыхьым а уафэщIым и щIыIум триха сурэтхэм еплъыжа иужькIэщ.
Мaven (Mars Atmosphere and Volatile EvolutioN) уэгурыкIуэ кхъухьлъатэр - эллиптическэ орбитэм тету, планетэ «плъыжьым» и хъуреягъыр 2014 гъэ лъандэрэ къэзылъэтыхь, абы щхьэщыт хьэуа мащIэм къыщекIуэкIхэр джыным хуэгъэпса Iэмэпсымэ гъуэзэджэщ.
Астрофизикхэм алъандэрэ къызэралъытэу щытамкIэ, Марсыр, ди ЩIы Хъурейм ещхьу, лъэхъэнэ жыжьэхэм я деж къыщыщIэдзауэ, хьэуа IувкIэ къэухъуреихьыжарэ, и щхьэфэм жьыи псыи щытебгъуатэрэ псэ зыIутхэми уащыщыхуэзэу къэгъуэгурыкIуа уафэщIщ. АтIэми, ар зи къекIуэкIыкIа планетэм уахэм къыщызылъэтыхь «егъэзыпIэншэ» гуэр къыщыжьэхэуэри, дуней щытыкIэу щыщыIам (климатым) зэуэзэпсэу зыщригъэхъуэжащ - щхьэщыта хьэуар тригъэкъэбзыкIри, уэгу жыжьэм ирипхъэжащ.
Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэт Марсым ехьэлIауэ астрофизикхэм иджыри къыздэсым яIар. АрщхьэкIэ, Maven хьэршырыкIуэ спутникыр къагъэсэбэпу, щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, а планетэм и щхьэфэм, зэрыжаIэу, жьыи псыи щызэтезыIыгъэфын атмосферэ гуэр щыщыIауэ къэлъытэныр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, лъабжьэншэу къыщIидзыжащ.
ХэкIыпIэншэу «хъумакIуэншэ»
ГъэщIэгъуэнщ, ауэ, дыщыпсэу ЩIы Хъурейм къэзыухъуреихь хьэуар щызэтезыIыгъэр абы и магнитосферэрщ, нэгъуэщIу жытIэмэ, и малъхъэдис губгъуэу къаруушхуэ зиIэмрэ Дыгъэм къыпкърыпсыкI зэщIэузэда мэскъалхэмрэ щызэIущIэкIэ къагъэщI «хъумакIуэ» телъыджэрщ.
Ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIы Maven хьэршырыкIуэ спутникыр къагъэсэбэпу астрофизикхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къарикIуам ятетщIыхьмэ, Марсым и малъхъэдис губгъуэр апхуэдизу махэIуэщи, Дыгъэм и «жьыхур» зылъимыгъэIэсын хузэфIэкIыркъым. Зи гугъу тщIы щIэныгъэлIхэм къызэрыхагъэщымкIи, абы и щхьэфэм жьы гуэри къыщемыпщэу щIумылъагъунум и щхьэусыгъуэри аращ.
ЖытIам дриплъэжмэ, дызыхуэкIуэ зэман жыжьэхэм къриубыдэу, Марсым и щIыIум, жьыр щызэтриIыгъэфын хуэдэу, атмосферэ гуэри къыщызэбгъэпэщыныр щхьэгъэпцIэжщ. Абы къикIыр аращи, цIыхухэр, а уафэщI жыжьэм нэса иужькIи, пIалъэ гуэркIэ къыщызэтеувыIэфынур и щIыщIагъым къыщызэрагъэпэщ хъуну екIуэлIапIэхэрщ.
Телъыджэр аращи, Maven хьэршырыкIуэ спутникыр уахэ жыжьэм изыутIыпщхьахэм ар, гъэ дызэрытым и гъатхэпэм ирихьэлIэу, яфIэкIуэдыпэным иIэжар мащIэ дыдэщ. КъызыхэкIам дытепсэлъыхьмэ, а кхъухьлъатэм Марсым и хъуреягъыр алъандэрэ къызыхуэтыншэу къезыгъэлъэтыхьа и Iэмэпсымэхэр зэIыхьэу хуежьат. Арати, спутникыр «щхьэрыуэу» зэкIэрэхъуэкI Марсым щемыхуэхыпэн папщIэ, абы нэхъ пасэу пкъралъхьа нэгъуэщI Iэмэпсымэу вагъуэхэм кIэлъыплъыным хуэгъэпсар ЩIы Хъурейм щыIэ астрофизикхэм электрон IэмалхэмкIэ щыIуадзащ.
Апхуэдэ щIыкIэм тету «къагъэбэдзэуэжа» кхъухьлъатэм адэкIи зэхуихьэсыфыну щогугъ а уафэщIым нэхъ пасэу траутIыпщхьауэ щыта Curiosity, Perseverance марсырыкIуэ Iэмэпсымэхэмрэ абыхэм щIэгъэкъуэн-дэIэпыкъуэгъуу къащхьэщыт MRO, TGO, Mars Odissey, Mars Express спутникхэмрэ Марсым къыщекIуэкIхэм теухуауэ зэхуахьэсынухэр ЩIым щыIэ щIэныгъэлIхэм фIэгъэнапIэншэу къыIэрагъэхьэн Iуэхур дяпэкIи хуэгъэIэрыхуэну.