Зыужьыныгъэм и гъуэгукIэ

Урысеймрэ Таиландымрэ зэдэлэжьэнущ уасэшхуэ зиIэ, хым къыхах ерыскъыхэр нэхъыбэу зэблэгъэкIынымкIэ. Апхуэдэу зэгурыIуащ УФ-м бдзэжьей гъэхъунымкIэ и федеральнэ IуэхущIапIэмрэ Таиландым бдзэжьей ещэнымкIэ и департаментымрэ я лIыкIуэхэр.

ШыщхьэуIум и 23-м лъэныкъуитIыр зэIущIащ икIи купщIа­­-фIэу тепсэлъыхьащ хьэмлашкIуэхэр (моллюски) зэрагъэхъум ­теухуауэ зэгъусэу щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр къызэрызэрагъэпэщынум. 
ЗэIущIэр ирагъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм Мэкъумэш хо­зяйствэмкIэ и министерствэмрэ Таиланд къэралыгъуэм мэкъу­мэш ­IэнатIэмрэ кооперативхэмкIэ и министерствэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету. 
Псом хуэмыдэу ахэр тепсэлъыхьащ щIыпIэ зэмыщхьитIым ­хьэм­лашкIуэхэр къыщыгъэхъуным хэлъ щхьэхуэныгъэхэмрэ а лэжьыгъэр зытещIыхьа пIалъэмрэ. 
Къыхэгъэщыпхъэщ, Таиландым щыщ IэщIагъэлIхэр мы Iуэхум илъэс 30-м щIигъуауэ зэрелэжьыр икIи лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэу 10 бжыгъэ къагъэхъуныр зэрызрагъэхъулIар. АрщхьэкIэ абыхэм ­къыхагъэщащ Урысейм дэлэжьэну, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэмкIэ зэдэгуэшэну зэрафIэгъэщIэгъуэныр.
Урысейм бдзэжьей гъэхъунымкIэ и федеральнэ IуэхущIапIэм  и лIыкIуэхэм жаIащ тенджызым къыхах ерыскъыхэм ящыщу ­Урысейм игъэхъум иужьрей илъэситхум хуэди 7,5-кIэ зэрыхигъэ­хъуар. Къапщтэмэ, хьэмлашкIуэу (мидий, устрицэ жыхуаIэхэр), ­къупщхьэ зыхэмылъ, банэ зытетхэу, апхуэдэуи хым къыщыкI къэкIыгъэу (ламинария) 2021 гъэм къыщIагъэкIар тонн мин 58,7-рэ хъуащ. ЕхъулIэныгъэр зыхуэдэр IупщI хъун щхьэкIэ, 2016 гъэм яхузэфIэкIам ебгъапщэ хъунущ. А гъэм яIар тонн мини 7,7-рэ ­къудейщ.
2022 гъэм и етIуанэ мазищым кърикIуам къигъэлъэгъуащ хы ерыскъыуэ Урысейм къилэжьам нэгъабэрейм елъытауэ процен­­ти 2,2-кIэ зэрыхэхъуар икIи тонн мин 15,6-рэ зэрыхъуар. Мидийуэ ­тонни 3,6-м нэс (процент 16,6-кIэ нэхъыбэщ) къалэжьащ, елыр­къэшу - тонн 44-м нэс. 
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ