Къуажэ гъащIэр егъэфIэкIуэным хуаунэтI

«Урысейм и Мэкъумэшбанкым» щыщIэдзэжащ къуажэм дэт унэ лъапсэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа кредитхэм хуэныкъуэхэм лъэIу тхылъхэр къеIыхыным. Худэчых зиIэ щIыкIэу абы техьэнущ проценти 3,25-м къыщыщIэдзауэ. Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм субсидие къиутIыпща нэужь программэм лэжьэн щIидзэжащ. 

Худэчых зиIэ кредитым Iэмал ярет Урысейм и цIыхухэу зи ныбжьыр илъэс 23-65-м къриубыдэу къуажэ щIыпIэхэм щатхауэ щытхэм сом мин 30-м къыщыщIэдзауэ сом мин 300-м нэблагъэ КъуэкIыпIэ жыжьэ федеральнэ щIыналъэмрэ Ленинград областымрэ папщIэ сом мин 250-м нэблагъэ Урысей Федерацэм и адрей щIыналъэхэм папщIэ я псэупIэ унэр ирагъэфIэкIуэн щхьэкIэ къыхахыну. ЩIыхуэр мазихым къыщыщIэдзауэ илъэситхум нэблагъэкIэ ятынущ. 
Кредит мылъкур трагъэкIуадэ хъунущ электричествэ, псы, газ, унэр зэрагъэхуэбэн Iэмэпсымэхэмрэ оборудованэхэмрэ къэщэхунымрэ абы и гъэувынырэ е щыпсэу унэхэр зэрагъэпэщыжыным. Лэжьыгъэхэр къуажэ щIыналъэм щыIэ унэхэм IуэхущIапIэ хэхам зэгурыIуэныгъэкIэ щигъэзэщIапхъэщ. 
«ЕгъэфIэкIуэным хуэунэтIа кредитыр – къуажэдэсхэм я дежкIэ IэмалыфI дыдэщ къэрал программэр къагъэсэбэпу худэчых зиIэ ставкэ зытелъ щIыхуэ къащтэу щыпсэу унэм и тыншагъыр ирагъэфIэкIуэну. А Iуэхутхьэбзэм сытым деж щIэупщIэ иIэщ икIи къуажэ гъащIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIащ», - къыхигъэщащ «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» розницэ бизнесымкIэ департаментым и унафэщI Шведовэ Ольгэ. 
«Къуажэ щIыналъэхэм зэхэту зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ къызэрыгуэкI кредитым къищынэмыщIауэ банкым ет худэчых зиIэ къуажэ ипотекэ: Iуэхутхьэбзэр къэзыгъэсэбэпхэм къащэхуфынущ къалэ щIыбым щыIэ унэ е езым я унэ къуажэ щIыналъэм щаухуэфынущ илъэсым проценти 3 фIэкIа зытемыхьэ кредиткIэ. 
Банкым и Iэмалхэмрэ и Iуэхутхьэбзэхэмрэ нэхъ зэпкърыхауэ зыщыбгъэгъуазэ хъунущ телефоным иIэ гуэдзэным, 8 800 I00 0 I00 телефымкIэ, www.rshb.ru официальнэ сайтым. 
Урысей Федерацэм и мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм епха IуэхущIапIэхэм кредит-финанс Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ лъабжьэ быдэщ «Урысейм и Мэкъумэшбанк» АО-р. Ар къызэрагъэпэщащ 2000 гъэм икIи нобэ къалъытэ АПК-м и кредитор нэхъыщхьэу. «Урысейм и Мэкъумэш банкыр» ди къэралым щылажьэхэм ящыщу нэхъ лъэщхэм, зи Iуэхухэр зэпIэзэрытхэм, мылъку хъарзыни зыбгъэдэлъ нэхъ банкышхуэхэм хабжэ. 

 

 

Мэзкуу Къан.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу