IэщIагъэрылажьэхэм я тыгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм» и Советым и VI зэIущIэр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы къыщащта унафэм ипкъ иткIэ, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ уэрамым тет, Профсоюзхэм Щэнхабзэмк1э я унэр Налшык къалэ иратыж, унапIэри ар зытет щIыгури къалэ мылъку мэхъу.
КъБР-м и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ унафэр къэщтэныр къыхэкIащ къалэм щыпсэу сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я нэгу зыщрагъэужьын икIи щIэныгъэ гуэдзэ щызрагъэгъуэтын щIыпIэхэр нэхъыбэ щIыным, ахэр зыхуей-зыхуэныкъуэкIэ къызэгъэпэщауэ гъэпсыным епха Iуэхугъуэ зэхэмыбзхэр гъэмэщIэн зэрыхуейм. «Урысейм и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм и нэIэ тетщ къэралым щызекIуэ щIалэгъуалэ политикэр зэтеувэным, еджэныгъэм икIи лэжьыгъэм пыщIа ныбжьыщIэхэм экономикэ фейдэхэр зыхэлъ Iуэхугъуэхэр пхыгъэкIынымэ, щыщIэныгъэ здэщыIэ IэнатIэхэм ар щыгъэзэкIуэжыным, я хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмкIэ къащыжыным. Дэри а Зэгухьэныгъэм дыхэтщ, ди лэжьыгъэри ищхьэкIэ зи гугъу щысщIа Iуэху щIэкIэм и жыпхъэм итщи, тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым ди щIалэгъуалэм я Iуэхур зэпэщ щIыным теухуауэ», – жиIащ Амщокъуэм.
Абы къызэрыхигъэщамкIэ, Зэгухьэныгъэм и Советым къыщащта унафэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум ирырагъэхьэлIащ. «Куэд щIат мы Iуэхум дызэрыгупсысрэ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, псори щIэтщIэр къытщIэхъуэ щIэблэращ, абы и псэкупсэ дунейм зыужьыпIэ етын хуейуэ хьэкъ дызэриIэращ. ЩэнхабзэмкIэ унэм кIуэнури зи зэман щызыгъэкIуэнури ди зэгухьэныгъэм хэт IэщIагъэрылажьэхэм я бынхэращ, абыхэм я щ1эблэжхэращ. НыбжьыщIэхэм етт зэманым хуэдэу мылъкушхуэ къызыхэкIрэ, абыхэм етхьэлIэ къарум хуэдэу жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлърэ щыIэкъым. Псалъэжь купщIафIэ щыIэщ: щIым зы ептмэ, тIу къыуетыж, жиIэу. Иджыри нэгъуэщI зы псалъэ дахэ къыддокIуэкI: узэгугъур къогугъуж, жыхуиIэр. Псалъэ пэжхэр къэтщта унафэм къыщепшэлIэжкIэ, шэч хэмылъу, зы гупсысэм укъыхуишэнущ – щIэблэм хуэтщIэфращ пщэдей дгъуэтыжынур, нобэ абыхэм етт гъуэгуращ пщэдей къызэрытхыхьэжынур. Арыххэуи, къытщIэхъуэ сабийхэм, щIалэгъуалэм етт мы унапIэм кIуэнур пщэдей хуэдэ махуэхэм ди ужь къиувэну лэжьакIуэхэращ, IэщIагъэлIхэращ. ИкъукIэ сыщыгугъ, захуэу къэслъытэ жэрдэмщ нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм и Советым зэдэарэзыуэ къыщащта унафэр», – жиIащ Амщокъуэ ФатIимэт, Iуэхум арэзы къызэрищIыр зыхэпщIэу.
Абы къищынэмыщIауэ, Амщокъуэм тригъащIэу къыхигъэщащ профсоюзхэм я мылъкур къалэм зэрыратыжым и ягъэ езы зэгухьэныгъэм зэремыкIынур, атIэ акъыл зэхэдзэкIэ къэунэхуа унафэр Iуэху зэхэдзэкIэ гъуэгу зэрытеувэнур, щапхъэ зытепх хъуну гукъэкI куэд къызэрыхэкIынур жиIащ.
Зэгухьэныгъэм и юрист Тэрхъан Джульеттэ унафэр IэIэткIэ къызэращтам и гугъу ищIащ. IэIэтыр зэфIэкIа нэужь, метр зэбгъузэнатIэ минихрэ щитхум нэблагъэ хъу ЩэнхабзэмкIэ унэр къалэм и мылъкум щыщ хъуащ, жылагъуэ Iуэхухэмрэ щIалэгъуалэ политикэмрэ щрагъэкIуэкIын хуэдэу, метр зэбгъузэнатIэ 1119 хуэдизыр езы зэгухьэныгъэм къыхуэнащ, къулыкъущIапIэм къыхилъхьэ жэрдэмхэмрэ иригъэкIуэкI зэIущIэхэмрэ щызэхишэн хуэдэу.

 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: