ГъащIэм пхрыплъыфырт

Иджыблагъэ илъэс плIыщI ирикъуащ дунейм зэрехыжрэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и зыужьы­ныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэ­зыщIа парт, жылагъуэ лэжьакIуэ пэрыту щыта Жыласэ Жыраслъэн. 

Журналистикэм щыхабзэкъым уи благъэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм уатетхыхьу. Ар и щхьэусыгъуэу илъэс зыбжанэ ­хъуауэ си къалэмыпэр къыхуэсщ­тэфыркъым гъащIэм щапхъэ щысхуэхъуа, нобэми си гъуазэу къэслъытэ цIыхум. Ди IэщIагъэм щамыгъэувами, дызытет хабзэм мы зэм себэкъуэну къысхуэзыгъэувар си адэ къуэш закъуэ Жыласэ Жыраслъэн и гугъу фхуэсщIыну куэд щIауэ си гум сызэрызэрихуэращ. 
1929 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Къэхъун къуажэм щыпсэу Жыласэхэ Хьэжджэрийрэ Лилэрэ я уна­гъуэм къихъуа щIалэ цIыкIур иужькIэ лъэпкъыр зэрыгушхуэн хъуащ. Курыт еджапIэр фIы дыдэу къызэриухыу абы къагъэнэжри, пэщIэдзэ классхэр иригъаджэу хуежьащ. А IэщIагъэм занщIэу дихьэхри, Налшык дэт егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр училищэм щIэтIысхьащ. Абыи фIы дыдэу хэзэгъащ икIи щалъхуа жылэм дэт курыт еджапIэм и IэнатIэм щыпэрыувэжащ.
Мыгувэу унагъуэ зэригъэпэщащ, Нартан щыщ ДыщэкIхэ япхъу Нинэ щхьэгъусэ ищIри. Ахэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу илъэс куэдкIэ зэдэпсэуащ икIи щIэблэ дахэ къагъэнащ.
…Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэр къэзыгъэсэбэп, еджа­кIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ, къыдэлажьэхэм псынщIэу я гум дыхьа щIалэщIэм, дауи, гу къылъатащ. Комсомолым и Аруан райкомым и етIуанэ ­секретару 1951 гъэм ар щыхахащ щIалэгъуалэм я щIыналъэ зэхуэсым.
ГъащIэм и куупIэм къыхэхута Жыраслъэн и гуи и пси етауэ лэжьыгъэщIэм пэрыуващ. Ар къыщыщIи­дзырт губгъуэхэм, фермэхэм, фабрикэхэм, заводхэм, еджапIэхэм… ЩIалэгъуалэм яхэтт, я гукъы­дэжыр къиIэту, къалэн инхэм тригъэгушхуэу.
Абы щыгъуэми Жыраслъэн къыгурыIуэрт и щIэныгъэмрэ къэухьымрэ хигъэхъуэн зэрыхуейр. Аращ къызыхэкIар 1952 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым щIэтIысхьэныр. ИужькIэ бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор хъуахэу Апажэ Мухьэмэдрэ КIуэкIуэ Джэмалдинрэ я гъусэу еджащ икIи псэухукIэ абыхэм я зэныбжьэгъугъэр яIыгъащ. ЕджапIэ нэужьым институтым щылэжьэну къыхуагъэлъэ­гъуами, хъуакъым – Хэку зауэшхуэм лIыгъэ зэрихьэу хэта, Сталинград зыхъумахэм ящыща и адэ Хьэжджэрий а илъэсым дунейм ехыжащ. И къуэш нэхъыщIэ Щэлэуат дзэм къулыкъу щищIэрти, и анэр и закъуэу къыхуэмыгъанэу къуажэм къигъэзэжащ. КъыздэкIуэжахэри, дауи, щыгуфIыкIащ - щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ егъэджакIуэ къахуэкIуэжат. 
ЩIэщыгъуагъ лэжьыгъэм хэзылъхьа егъэджакIуэ щIалэщIэр и дуней тетыкIэкIи, хэлъ хабзэкIи нэмыскIи узыдэплъеинт. Езыми зы хьэлэмэтагъи ­гулъытэншэу къигъанэртэкъым. ЦIыху гуащIа­фIэхэм, лэжьэкIэ пэрытым ехьэлIа тхыгъэхэр игъэ­хьэзырурэ, щIыпIэ газетым щIэх-щIэхыурэ къытры­ригъадзэрт. Ахэр зэрытха бзэкIи къиIэт Iуэху­гъуэхэмкIи удэзыхьэхт. Аруан районым и унафэщI­хэм аргуэрри гулъытэншэ ящIакъым. Лэскэн, Аруан, Совет (иджы Шэрэдж) щIыналъэхэм зэдай «Коммунист» газетым и редактору 1958 гъэм ягъэуващ.
Журналист IэщIагъэми фIы дыдэу хэзэгъащ Жыраслъэн. Абы и унафэм щIэт гупым газет­еджэхэр зыIэпызышэ тхыгъэ купщIафIэхэр къытра­дзэрт, нэфI-ней хэмылъу утыку къралъхьэфырт зи IэнатIэм пэмылъэщхэр. А лъэхъэнэм Жыласэм редакцэм къришэлIащ иужькIэ журналист цIэрыIуэ хъуахэу КIасэ Чэмал, Гузеев Исхьэкъ, Мэрем Задин сымэ, нэгъуэщIхэри.
Жыраслъэн а IэщIагъэм апхуэдизкIэ зыIэпишати, зэрихабзэу, и щIэныгъэмкIэ ар щIигъэбыдэну мурад ищIащ. Абы папщIэ щIэтIысхьащ Мэзкуу дэт къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым. АрщхьэкIэ, аргуэрыжьти, и унагъуэ IуэхукIэ хуэмыхъуу, къыщIэкIыжын хуей хъуащ. Жыраслъэнрэ Нинэрэ зэдапIырт хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ - Рая, Равидэ, Залым. 
«Коммунист» газетым лэжьыгъэр фIыуэ зэрыщызэтеувар къалъытэри, 1962 гъэм Жыласэр Аруан райкомым и аппаратым къашэжащ. Абы ирагъэкIри, мыгувэу Дон Iус Ростов ягъэкIуащ икIи Парт школ нэхъыщхьэр ­ехъулIэныгъэкIэ къиухащ.
Къыщигъэзэжам Старэ Шэ­рэдж дэт курыт еджапIэм и директор къулыкъур къыпэплъэрт. ПщIэрэ щIыхьрэ щиIэу абыи щылэжьащ Жыласэ Жыраслъэн. Нобэми ар IэфIу дохъушыкъуейдэс куэдым ягу къагъэкIыж. 
1969 гъэм щыщIэдзауэ дунейм ехыжыхукIэ Жыраслъэн щы­лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым. Политикэ егъэджэныгъэмкIэ унэм и чэнджэщэгъуу къыщIидзэри, Парт лэжьакIуэхэм я щIэныгъэхэм щыхагъахъуэ курсхэм я унафэщIым нэсащ. Дунейм, къэралым, республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэр щызэпкърих и публицистикэ тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт «Ленин гъуэгу», «Кабардино-Балкарская правда», «Коммунизмге жол» ­газетхэм, «Iуащхьэмахуэ» журналым, радиомрэ ­телевиденэмрэ куэдрэ къыщыпсалъэрт. Гъэмахуэ ­хъупIэхэм Iэщыхъуэхэм яхэту плъагъунут, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, журналистхэр, щIэныгъэлIхэр и ныб­жьэгъут.
«Жыраслъэн дэ нэхърэ нэхъыжьтэкъым, къу­лыкъу нэхъ лъаги иIыгътэкъым, ауэ и псалъэмрэ и Iуэхумрэ пщIэшхуэ хуэтщIырт, гупыр дызэригъэ­дэIуэфырт, - щыжиIат Къэхъун щекIуэкIа зэIущIэ ин гуэрым абы Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым къыщыдэлэжьа, тхакIуэ, журналист цIэрыIуэ ­КхъуэIуфэ Хьэчим. - Ар къызыхэкIыр акъыл жан, ­хабзэ, нэмыс лъагэ зэрыхэлъырт, жьыми щIэми зэрагурыIуэфырт». 
Гулъытэншэ хъуакъым Жыласэ Жыраслъэн и псэхьэлэл лэжьыгъэр. Лениныр илъэсищэ щрикъум и щIыхькIэ къыдагъэкIа юбилей медалыр, щIыхь, щытхъу тхылъхэр куэду къыхуагъэфэщат, хамэ къэралхэм зыплъыхьакIуэ ягъэкIуат.
И щIалэгъуэм щыщIэдзауэ и гъащIэм къыщыхъу нэхъ Iуэхугъуэшхуэхэр иритхэу Жыраслъэн дневник иIащ. 1982 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм дунейм ехыжа иужькIэ ахэр зыбжанэ хъууэ и щхьэгъусэ Нинэ къызитауэ щытащ, зыщызгъэгъуэзэну. Ахэр апхуэдизкIэ телъыджэ сщыхъуати, нобэр къыздэсым сыхуэсакъыпэу сохъумэ, балигъ хъуа, и цIэр зыфIащыжа и къуэрылъхум естыжыну (и къуэ Залым и адэм иужькIэ илъэс пщыкIух псэужауэ аращ, ар автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэдащ). Совет Союзым и щIэрэщIэгъуэ дыдэу, блэкIа лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм, абы къыгурыIуат а къэралыгъуэр мыгувэу зэрызэхэщэщэжынур икIи и экономикэ, политикэ щхьэусыгъуэхэр и тхыгъэхэм къыщрибжэкIат. Жыжьэ кIуэцIрыплъыф цIыхут ар.
Къытщхьэщытым гъащIэ мащIэ дыдэт Жыраслъэн хухихар. И адэми, абы и адэжми, адрей я цIы­хухъу нэхъыжьхэми хуэдэу, къигъэщIар илъэс щэ ныкъуэм зы мащIэкIэ щIигъущ. АрщхьэкIэ а зэман кIэщIым куэдыр зыщIэхъуэпс гъащIэ ирихьэкIащи, Ахърэт нэхур увыIэпIэ Алыхьым хуищI!
ЩIэх-щIэхыурэ сэри сокIуэ ди нэхъыжьхэм иужь увыIэпIэ яхуэхъуа щIыпIэм. Апхуэдэхэм и деж Жыраслъэн хуагъэува фэеплъ сыным и деж сыкъыщоувыIэри, илъэс плIыщI ипэкIэ си гум къыщIитхъыу си щхьэм къихьа усэ сатырхэр си пащхьэм къоувэж:
СыкъэкIуащ уи кхъащхьэм ноби, 
Нэпсхэр къысфIыщIоху,
Сыпэлъэщкъым си гукъеуэм,
Си лъэхэр сфIыщIоху.

СыкъэкIуащ сэлам уэсхыну, 
Си адэ къуэшыжь,
Чэнджэщ щхьэпэу къызэптахэр, 
Си гум имыхуж…

ЖЫЛАСЭ Заурбэч, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист.
Поделиться: