РОЗЭ

 Пщэдджыжьым сыкъызэрыушу соплъ, тхьэмахуэм нэсауэ си щхьэгъубжэм къыIут розэ гъэгъам. Абы абджынэ зэпэплIимэм апхуэдизу зыкъригъэзэгъащи, псэ зыIут гуэр набдзэгубдзаплъэу пэшым къыщIэплъэ хуэдэщ. Сыхъэр къызыпих къапщIий плъыжь - фIыцIафэхэр, аршыным щIигъуу зызыIэта лъадий Iэчлъэчыр… хэкIэса бжьыхьэм дахагъэрэ къарууэ иIэж псори хилъхьащ жыпIэнщ, иужь дыдэу къэгъэгъа розэ закъуэм. Теплъэр, плъыфэр, къыплъэмыIэс щIыIэтыIагъ зыщIэлъ мэ гуакIуащэр… ЩIы фIыцIэр къэтIэщIи, дэнэ деж а псори зэгъусэу здыщIэлъыр? – Тхьэм и къарур уи фIэщ ирихъуну пхурикъунщ а зыр. Махуэ дапщэ худэхыну пIэрэ гъэгъам? – согупсыс.
Тхьэмахуэр докI, мазэми нос - розэр а зэрыщытщ. Куэд щIауэ дызыпэплъэ уэсри къесыну пIащIэркъым. АпщIондэху согуфIэ.
Пщэаджыжь гуэрым сыкъегъэуш уэшх макъым. Щхьэгъубжэм сежалIэмэ… си гъащIэм слъэгъуатэкъым нэмрэ – псэмрэ зыхьэху апхуэдэ теплъэ телъыджэ; ткIуэпс пIащэхэр налмэс ткIуэпсу гъэгъам тезщ. Пызгъэна уэздыгъэм и нурым розэм и къапщIийхэмрэ уэшх ткIуэпсхэмрэ я пщIыпщI зэпэджэр къыхощ, Дэрэжэгъуэм хухиха гъащIэ мащIэрщ иджы розэм къыхуэна зэманым и тепщэри ар зезыгъакIуэри…
 Нэхутхьэху къохъу. Розэм тожыхь ткIуэпсхэр, гур хэзыгъэщI зы IэпапIи ирамыщэу. Къэнар, диин къудейуэ зызыIыгъ нэплъэгъуэрщ.

Лъостэн Музэ.
Поделиться:

Читать также: