Чэфу машинэр ирихужьащ

Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм и плъыр частым шыщхьэуIум и 30-м сыхьэт 16-м псэлъащ щIыпIэм щыпсэу, илъэс 66-рэ зи ныбжь цIыхухъур, и «ВАЗ 2I099» автомашинэр зэрырахужьамкIэ хъыбар яригъащIэу. ЗэрыжиIамкIэ, IункIыбзэIухыр щIэгъэнапIэм илът, езыр метритхукIэ пэIэщIэу арат. МыцIыху гуэр автомашинэм бгъэдыхьэщ, рулым IутIысхьэри IукIащ. 
Iуэхур къыщыхъуа щIыпIэм кIуа ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм яубыдащ илъэс 28-рэ хъу, Пролетарскэ станицэм щыпсэу цIыхухъур. Ар чэфу рулым дэтIысхьэри, машинэр щрихужьа Свободэ уэрамым щыщIэдзауэ километр нэхъыбэ имыкIуауэ, гъуэгум щыжьэхэуащ «ВАЗ 2II4» автомашинэм. 
Яубыдам теухуа уголовнэ Iуэхухэр къаIэтащ I66-нэ статьям и I-нэ Iыхьэм (хуимыту, ауэ дыгъун мурад имыIэу автомашинэ е нэгъуэщI трнаспортхэкI зыIэрыгъэхьэн), 264.I статьям I-нэ Iыхьэм (административнэ къуэдым ирашэлIам е суд зытращIыхьам чэфу транспорт зэригъэкIуэн) япкъ иткIэ. 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ