Гъэсэныгъэм теухуауэ

Адыгэхэм мыхьэнэшхуэ иIэу ялъытэрт сабийр зрапIыкI гущэм, ар къызыхэщIыкIа пхъэм деж къыщыщIэдзауэ зыщIамкIэ иухыжу. Пхъэ угъурлыуэ ябжырт кхъужьейр, бжейр, Iэнейр, псом хуэмыдэу хьэмкIутIейр. Гущэ Iэдий, гущэ лъэгу хуэдэхэр хьэмкIутIейм къыхащIыкIмэ сыт щыгъуи нэхъ къащтэрт. Адыгейхэм нэхъ пхъэ махуэу жыхуаIэр кIей, тIушэ, жыгей хуэдэхэр арат, ауэ абыхэми хьэмкIутIейм къыхэщIыкIа пхъэбгъу пIащIэ щимэ цIыкIу гущэкъум фIадзэрт.
 ХьэмкIутIей гущэм ирапIыкI сабийр насыпыфIэ, Iумахуэ хъуну ялъытэрт. ФIыуэ ялъагъуртэкъым бэрэжьейм къыхэщIыкIа гущэ. Иджыри цIыху гъуэлэгъуасэ, тэмакъкIэщI, цIыху екуэкуншэ ирихьэлIамэ, ди нэхъыжьхэм жаIэ: «Уи, лIэун, бэрэжьей гущэ урапIыкIа нэхъей». Сабий къалъхуагъащIэм адыгэхэм гуфIэгъуэ, тхьэлъэIу иращIэкIыу щытащ. Апхуэдэ унагъуэм щIалэ къралъхуамэ, хугу хьэжыгъэ фокIэ пщауэ ягъажьэрти яшхырт, я гъунэгъухэм хурагъэхьырт, ди щIалэр къуэгъу, жыIэщIэ, жыджэр хъуну фытхуэхъуахъуэ, жаIэрти. 
Дунейм къытехьа дзадзум и гъащIэр кIыхь хъун, узыншэн щхьэкIэ кхъуейплъыжькIэрыщIэ ящIырт. Шапсыгъхэм сабий къалъхуагъащIэмрэ абы и анэмрэ бзаджэнаджэм «щахъумэу» япэ махуищым щIопщакIуэ хуэдэу ящIырт, абы джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэри хэту. Абы ящыщт хъринэ щIэщIэнри, «Iупэгъу» е «дзэлдэу» жыхуаIэу щыта джэгукIэри. Дзадзум и бынжэр пыхуа нэужькIэ ар бжаблэм и деж хаерт, гущэхэпхэ ящIырт. Сабийр гущэм хапхэн и пэкIэ гущапIэм джэду ирагъэжае хуэдэу ягъэгъуэлъырт, абы и ужькIэ фыз угъурлы, бын узыншэ къызыщIэхъуэ гуэрым ар пIэм храгъапхэрт. 
ГъэщIэгъуэнт а фызым къызыфIимыгъэIуэху, и щхьэ хужиIэж хуэдэурэ сабий зыгъуэта анэм ирит чэнджэщхэр. Апхуэдэу абы жиIэрт сабийр гущэ щыхыупхэкIэ, абы и пIэщхьагъ цIыкIур лъахъшэ пщIымэ, и Iэ цIыкIуитIыр къэпшэщIыжрэ гущэ хъыданыр епшэкIмэ, ар пщэ кIыхь, дамэ гуэлэл хъуну. Ещхьыркъабзэу, и пIэщхьагъыр лъагэу къэпIэтмэ, и Iэ цIыкIухэр и пщэмкIэ кIэщIэгуа щIыкIэу хыупхэмэ, сабийр пщагуэ, дамэду хъунущ. Абыхэм, дауи, Iущагъ хэлът. Мыхьэнэ иIэт сабийм и щхьэкупцIапцIэм деж тIатIий хагъапщIэу зэрыщытами. Абы щхьэкупцIапцIэм хуэсакъ, уемыIусэ, жиIэу къикIыу щытагъэнущ. 
КъимыдэкIэ, адыгэхэм ядэртэкъым сабийм и гущIыIу дэгъэзеяуэ куэдрэ пIыгъыну. НэхъыфIу къалъытэрт, уеблэмэ, ар уи Iэблэм еупцIэкIа щIыкIэу и гупэр егъэзыхауэ пIыгъмэ. Абы и щхьэр иIыгъыжыфу псынщIэу иригъасэрт. ИтIанэ жаIэрт зи гущIыIу дэгъэзеяуэ куэдрэ яIыгъ сабийм и тхьэмбылыр ин хъууэ, абы жьэн уз нэхъ хуэлъэу. Сабийм и дзэхэр къэкIыу щIидзамэ, абы и анэшхуэм хугу хуигъэпIэнкIырт: «Тхьэм псынщIэ ищI, мыпхуэдэу тхьэм къыхигъэщэщ» жиIэурэ. Дзэ Iyxyap дамащхьэ ижьымкIэ щхьэпрадзу унэм е гуэщым драдзеин хуейуэ къалъытэрт, мы псалъэхэр жиIэурэ: «ГъущI фIамыщI, кхъуейм егъэжь, лыжьым IуещIыкI, дзэжьыр узот, дзэщIэ къызэт». Абы щыгъуэми сабийм и дзэ Iухуам щIигъун хуейт фIамыщI тыкъыррэ шыгъу кIанэ цIыкIурэ. 
Мыри гъэщIэгъуэнт. Сабийм и дзэр Iухуа нэужь, ар здыIутам деж дзэлым куэдрэ емыIусэну ягъэIущырт: «УеIусэмэ, дзэщIэр къэбкъитхъуу къэкIыжынущ, щынэдзэ цIыкIум и пIэкIэ, дзэмыкъ ухъунущ», – жаIэурэ. ЗэрахузэфIэкIкIэ адыгэхэр сабийм и узыншагъэми хуэсакъыу щытащ. Ар щахъумэрт жьэнпэпкъ ныбэ узым, ныбажэ мыхъуным, щIыIэ хэмыхьэным. Абы щыгъуэми зыми и мысэбэп дыуэ-дыуэпсым, мэгъу Iуэхухэм инэмыщIауэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iэмалыгъуэхэри къагъэсэбэпырт. 
Апхуэдэу илъэс щищ нэблагъэ япэкIэ ди деж щыIа Абри де ла Мотрэ итхыгъащ: «Сэ слъагъурт шэрджэсхэр зэрыдахэ защIэр. Мыбы яхэттэкъым фэрэкIым зи нэ ирифарэ зи нэкIу зэхишхыхьарэ. Сигу къэкIащ мыр: Iэмал гуэр ямыщIэу пIэрэ а дахагъэм и бий ерум, лъэпкъ куэдхэр зыгъэгулэз узыфэ бзаджэм ирыреIэзэу. ИкIи абы сыщыщIэупщIэм, къызжаIащ апхуэдэ щэху гуэрхэр зэращIэр. Сэ ар куэд дэмыкIыуи си нэгу щIэкIащ. Шэрджэсхэм сабийм фэрэкI халъхьэу арат. ФэрэкI зыхалъхьэр илъэсиплI-тху зи ныбжь хъыджэбз цIыкIут. Сэ къызэрызжаIамкIэ, ар япэ щIыкIэ ягъэныбэжащ. Абы щхьэкIэ ар ирагъэфащ выбзэгу жыхуаIэ удзым къыщIэвыкIа псы, фо хэлъу. Хъыджэбз цIыкIур фэрэкI зытет щIалэ цIыкIум и деж яхьащ… Абдежым фызыжьым мастищ зэтепхауэ къищтэри сабийм фэрэкI хилъхьэну щIидзащ. Япэрауэ, и дзажэ кIапэм и деж, итIанэ и бгъэ сэмэгум, ещанэу, и бынжэм и гъунэгъуу, еплIанэу, и Iэгу ижьым, етхуанэу, и лъэкIэн сэмэгум я дежхэр къритхъри лъы къригъэкIащ, иужькIэ, щIалэ цIыкIу сымаджэу хэлъым и фэрэкIым къикIа шыныр щихуэри фIарий  тхьэмпэкIэ трилъэщIэжащ, а псом иужьыжкIэ хъыджэбз цIыкIур щынафэ цIынэ хуабэм кIуэцIишыхьри, зэщIиуфэжащ...» Мыр къыщыхъуар 1711 гъэрщ. Ауэ щыхъукIэ, а лъэхъэнэм фэрэкIхэлъхьэр иджыри къагупсысатэкъым. Япэ дыдэ фэрэкI хилъхьэу тхыдэм ихуар инджылыз дохутыр Дженнерщ, ар къыщыхъуари 1796 гъэрщ. Пэжщ, Мотрэ и ужькIэ, илъэсищэ хуэдиз дэкIауэ, ди деж щыIахэм зэратхымкIэ, адыгэхэм фэрэкIхэлъхьэ жыхуаIэр ямыщIэу, ахэр фэрэкIым игъэгулэзу щытауэ тхыгъэхэм къыхощыж. Абы къегъэлъагъуэ зэманым а Iуэхугъуэ щхьэпэр адыгэхэм зэраIэщIигъэгъупщыкIыжар. АбыкIэ зэран хъуауэ къыщIэкIынущ адыгэхэм а зэманым къащтауэ щыта муслъымэн динри, абы и лъабжьэр фIыуэ зыгъэбыдэну хэта динырылажьэхэри, узри лажьэри алыхь Iэмыру жаIэу зэрыщытари. 
ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, адыгэхэр сабийр пIыным, гъэсэным зэщхьэщыхауэт зэрыбгъэдыхьэр. Абы щыгъуэми, къалъытэр хъыджэбз цIыкIуу е щIалэ цIыкIуу зэрыщытым и закъуэтэкъым, атIэ я ныбжьымкIи зэхагъэкIырт. Зи ныбжьыр илъэс пщыкIутхум нэмыса сабийм адыгэхэр еджэрт чыцIкIэ, илъэс тIощI зи ныбжь щIалэм щхьэкIэ жаIэрт: дыгъужь, илъэс щэщI, щэщIрэ тхур – аслъэнт, илъэс плIыщI, плIыщIрэ тхур выфIым ирагъэщхьырт. Мыбы щIэлъ щIагъыбзэр гурыIуэгъуэщ: чыцIыр темызагъэ, темыпыIэ дрийпсрийщ, дыгъужьыр ихъу-илъ бзаджэщ, къыIэрыхьэр зэпкъреуд, аслъэныр лъэщщ, хузэфIэкIынур ещIэж, выр лэжьакIуэшхуэщ, тралъхьэ и хьэлъэщ. ГъэщIэгъуэнщ илъэс плIыщIрэ тхум иужькIэ цIыхум и зэфIэкIыр лэжьыгъэ и IуэхукIэ адыгэхэм зыми зэрырамыгъэпщэжыр. Абы къикIырт илъэс плIыщIрэ тхум цIыхум и къару къэкIуэгъуэр иухыу, адэкIэ абы къэсыхункIэ зэригъэпэщаIамэ, абы ирипсэун хуейуэ. Къару, лъэщагъ гуэшыкIэм нэмыщIауэ, адыгэхэм цIыхум и ныбжьыр нэгъуэщIуи ягуэшырт. Мыбы щыгъуэ нэхъ зытрагъащIэр шыфэлIыфэр, щытыкIэр арт, икIи лIы ныбжьыр зэрыщыту къызэщIиубыдэрт. Апхуэдэу сабий илъэситху-хым нэмысам щхьэкIэ жаIэрт, ущыдыхьэшхмэ, уи дзэлыр уи дзэм дэлъ лыуэ елъагъу, илъэс пщыкIутхум нэсыху – псынщIэщ, жьым тесу псым йопыдж, тIощI, тIощIрэ тхур – гушхуэщ, щэщI, щэщIрэ тхур – лъэщщ, плIыщI, плIыщIрэ тхур – гъэунэхуащ, уи дзыхь ебгъэз хъунущ, щэ ныкъуэм нэсар – зэпIэзэрытщ, чэнджэщэгъу пщIы хъунущ, хыщI зи ныбжьыр – жыIакIуэщ, гупым я цIэкIэ псалъэми, емыкIу къихьынукъым, илъэс блыщI зи ныбжьым – хасэ къоджэ, илъэс ищIым щхьэдэхамэ – пэщэщэхщ. Дауи, гу лъытапхъэщ мыпхуэдэ гуэшыкIэмкIэ цIыху псоми я зэфIэкIыр зэхагъэкIыу зэрыщытар. А ныбжьым нэсыхункIэ цIыхур зыхуэфIыр, ищIэфыр къащIэу арат. Зыгуэрым хуэмыфIыр хьэдрыхи ягъакIуэркъым, жаIэ адыгэхэм. Мис ар къащIэу, IупщI ящIу арагъэнут, армыхъумэ, пыхи-пылъхьи имыIэжу пыухыкIауэ апхуэдэтэкъым. Уеблэмэ, и ныбжьым къемызэгъыу зызыщIхэм щхьэкIэ жаIэрт: е дадэ къуапэ, е и чыцIыбжьыр (танэбжьэр) иджыри фIэкIакъым. Япэр зэхьэлIар сабий зызыгъэакъылыфIэхэрт, етIуанэр – балигъыу сабий хьэлыр зыхэзымына, и ныбжьым къемызэгъ псынщIагъэрэ хьэлэбэлыкъыгъэмрэ хэмыкIырт. ЩIэблэр щагъасэкIэ адыгэхэм Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпырт. Абыхэм ящыщу къэлъытапхъэщ IуэрыIуатэр (псалъэжьхэр, хъыбархэр, къуажэхьхэр), дуней къэхъукъащIэхэр, нэщэнэхэр, адыгэ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдыр сабийм егъэщIэныр, щIалэгъуалэр лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым хэшэныр. 
ЩIэблэр дунейм и къэхъукъащIэхэм хуэнабдзэгубдзаплъэу, ар зэпилъытэфу есэмэ, дуней и пIалъэ зригъащIэмэ, абы и гъащIэри нэхъ тынш, и гъавэри нэхъ бэв, и Iэнэри нэхъ берычэт хъунущ. 
Адыгэхэм нэщэнэ куэдыщэ яIащ щIалэгъуалэр щIагъэдэIуу, ирагъасэу. Ахэри, псалъэжьхэм ещхьу, гъащIэм и лъэныкъуэ Iэджэм нэIэбысырт. Иджыпсту зи гугъу тщIыр дунейм, лэжьыгъэм теухуа нэщэнэхэрщ. Абыхэм ящыщщ: «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ, къэкIыгъэм зрач, къэб къуэпсым зедз», «Губгъуэм ит былымыр джэгуу ежьамэ, дунейр къызэIыхьэнущ», «Бжэным и нэр хъурей хъуамэ, жэщ хъуащ», «Лэгъупыкъу къищIамэ, уэшхыр теужынущ». Нэщэнэхэми псалъэжьхэми ещхьыркъабзэу, гъэсэныгъэ мыхьэнэ ин яIэт джэгукIэхэми. А джэгукIэхэр зэбгъапщэмэ, нэрылъагъущ языныкъуэхэм сабийм и гупсысэкIэм, и акъылым зэрызрагъэужьыр, адрейхэм ар къарууфIэу, Iэрыхуэу ирагъасэу зэрыщытар. Ауэ сыт хуэдиз псалъэжьрэ хъыбаррэ адыгэхэм я щIэблэм жрамыIами, сыт хуэдэу фIыуэ нэщэнэхэр ирамыгъэцIыхуами, дауэ ахъырзэману топшэс джэгуу ирамыгъэсами, щIэблэр гъащIэм, лэжьыгъэм хуэзыунэтIу, абы хуезыгъаджэу адыгэхэм ялъытэр езы лэжьыгъэрт, лэжьыгъэ гугъуу пщIэнтIэпс къозыгъакIуэрт. Абы и щыхьэтщ мы псалъэхэр: «Укъэбэкхъа къудейкIэ лэжьыгъэ зыхэпщIэркъым. ПщIэнтIэпс къокIуар уи бзэгу нэмысыжамэ, ар мышуми, шыугъэми пщIэркъым». ИщхьэкIэ къэтхьа Iуэхугъуэхэр щыхьэт тохъуэ щIэблэр хьэл-щэн дахэ хэлъу, лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъуу къэтэджыным адыгэхэм хуабжьу гулъытэшхуэ xyaщIу, а Iуэхум я нэIэ тету, темыплъэкъукIыу сыт щыгъуи къызэрыгъуэгурыкIуам. 

 

Поделиться: