ЩIыналъэм нэхъри зиужьыным хуэщхьэпэнущ

Санкт-Петербург щекIуэкIа XXV Экономикэ зэхуэсышхуэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ «Промсвязьбанк»-мрэ зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIащ. Дэф­тэрым Iэ щIадзащ КъБР-м и УнафэщI КIуэкIуэ Казбекрэ «Промсвязьбанк» цIыхубэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Фрадков Пётррэ.

«Мы зэгурыIуэныгъэм дыщогугъ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым зи ахъшэ щызыгъэ­лэжьэну зи мурадхэм дзыхь къытхуащIу ­хъунымкIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэм, федеральнэ, щIыпIэ программэхэм ды­хэтын папщIэ, зыхуэдгъэувыжа мурадхэр гъэзэщIа зэрыхъуну щIыкIэр дубзыхунымкIэ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
«Промсвязьбанк»-р экономикэ, со­циальнэ зыужьыныгъэ я лъэныкъуэкIэ ­Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщIэгъэкъуэ­ным­кIэ зэзыгъэуIу штабым хэтщ. Шэч ­къытесхьэркъым банкым къуит кредит-мылъку Iэмэпсымэр дяпэкIи КъБР-м и экономикэмрэ цIыхубэ гъащIэмрэ щыщIэныгъэншэу заужьынымкIэ щхьэпэ зэрыхуэ­хъунум», - жиIащ Фрадков Пётр.
ЛъэныкъуитIыр адэкIэ лэжьыгъэр зэ­рекIуэкIынум теухуауэ зэгурыIуащ. «Промсвязьбанкыр» хэлэжьыхьынущ цIыхубэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ проектхэм икIи езым и Iэмалхэр цIыхухэм къагъэщхьэпэнымрэ инфраструктурэм зиужьынымкIэ щIэгъэ­къуэн хъунущ. Зэдэлэжьэныгъэр хуэунэ-тIащ хьэрычэт Iуэху инми цIыкIуми кредиткIэ зыщIагъэкъуэным, ипотекэ щIыхуэр абы хуэныкъуэ псоми къагъэсэбэпыфу ­хъуным. Дэфтэрым мыхьэнэшхуэ иIэнущ щIыналъэр инвестицэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ дзыхьщIыгъуафIэ хъунымкIэ, унэ къэ­зы­щэхуну хуей цIыхухэм банкым защIигъэ­къуэфын папщIэ.
КIуэкIуэ Казбек и телеграм напэкIуэцIым щытепсэлъыхьыжащ зэIущIэм икIи банкым и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ «Промсвязьбанкым - сабийхэм папщIэ» Урысейпсо спорт проектым хэлэжьыхьыну гупыж зэращIам щхьэкIэ. IуэхущIапIэр тетынущ ЕтIуанэ Таман дивизэм и цIэр зезыхьэ уэрамым.

Поделиться: