ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык щокIуэкI

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щокIуэкI Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я фестиваль. Ар къы­зэIуахащ щIалэгъуалэ зекIуэкIэ.
ХьэтIохъущокъуэм и хадэм и лъэс лъагъуэ нэхъыщхьэм къэрал ныпыр зыIыгъ щIалэгъуалэ 3000-м щIигъу ирикIуащ. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжу, «ЩIыхьым и ­мафIэ мыужьых» фэеплъым удз ­гъэгъахэр тралъхьэри, зекIуэр ежьащ. Урысейм и Президентымрэ къэралым и армэмрэ зэрыдаIы­гъым и щыхьэт Iуэхур «Зэакъылэгъуныгъэ! Зэкъуэ­тыныгъэ! Хэкупсагъэ!» къы­хуе­джэ­ныгъэм щIэту ирагъэкIуэкIащ икIи Абхъазым и утыкум щиухащ.
«Кавказыр зэныбжьэгъугъэм и щIыналъэщ!» художественнэ теплъэгъуэмкIэ пащащ фестивалым. Зэ­хы­хьэхэр щиухым концерт итащ КъБР-м и цIыхубэ артист Текуев Амур. Псори дежьууащ абы игъэзэщIа «Россия - Родина мать» уэрэдым.
Фестивалыр ирагъэхьэлIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум. КъБР-м и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и дэIэпы­къуэгъуу ар къызэригъэпэщащ республикэм ЩIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ и министерствэм. Абы и мура­дыр щIыналъэхэм я зэпыщIэныгъэр, ­Урысейм и щIалэгъуалэм Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр гъэбыдэнырщ, лъапIэныгъэхэр хъумэнырщ, ныбжьы­щIэхэм я щэнхабзэ ехъулIэныгъэхэм хэгъэхъуэнырщ.
Зэхыхьэм хэтащ щIалэгъуалэ зэгу­хьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Урысей Федерацэм и щIыналъи 10-м щыщ ныбжьыщIэхэр. Ди республикэм и хьэщIэщ Тэтэрстаным, Шэшэным, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ингушым, Адыгейм, Къалмыкъым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Дагъыстэным, Ставрополь крайм къикIа цIыху 200-м щIигъу. Зэхуэсхэм апхуэдэу хэтащ КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм къызэригъэпэща семинарым кърихьэлIа цIыху 60-ри.
Творческэ пшыхьхэр, зэпеуэхэр, зэ­IущIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал университетым, къэрал аграрнэ университетым я утыкухэм, къалэм и зыгъэпсэхупIэхэм щокIуэкI. Хьэ­щIэхэм республикэм и щIыпIэ дахэ­-хэм зыщрагъэплъыхь.
ФокIадэм и 16-м «Кавказыр ди зэхуэдэ унэщ» зэхыхьэ гукъинэ жыр зэхэтащ. Абы ирагъэблэгъащ Хер­сон областым щыщ сабийхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыгъэпсэхухэр. Фестивалыр ноби зэ­хэтынущ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Налшык къалэ и утыкухэм цIыху 4500-м щIигъу щы­зэхуэсынущ.

Поделиться:

Читать также: