УзытеплъэкъукI мыхъунщ шынагъуэншагъэр

КъБР-м Къэрал хабзэхэр къыщызэгъэпэщынымкIэ и зэзыгъэуIу зэхуэсымрэ Экономикэ икIи жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ я зэIущIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэ­кIуэкIащ.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, Урысейм ит къэрал тхылъ тедзапIэхэм, министерствэхэмрэ къулыкъущIапIэ­хэмрэ я унафэщIхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэр.
Зэхуэсым хэтахэр УФ-м Лъэпкъ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и стратегием къигъэув Iуэхугъуэхэр гъэ­зэщIа зэрыхъунум, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, лъэпкъ зэхэгъэж, дин зэныкъуэкъу, экстремизм хуэдэхэр жылагъуэм къы­щымыгъэхъуным и IуэхукIэ щыIэ Iэмалхэмрэ хэкIы­пIэхэмрэ тепсэлъыхьащ. Абы и лъэныкъуэкIэ хэгъэгум щекIуэкI лэжьыгъэм шэщIауэ и гугъу ящIащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Шэрэдж щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Кульбаев Алан, Бахъсэн щIыналъэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Оганезовэ ФатIимэт сымэ. Къэпсэлъэныгъэхэр зэфIэкIа нэужь, КIуэкIуэ Казбек тегъэчыныхьауэ къыхигъэщащ Iуэхур узытеплъэкъукI хъунухэм зэращымыщыр, зэпымычу я нэIэ тетын зэрыхуейр.
КъБР-м и хабзэхъумэ къулыкъущIапIэхэр шынагъэ къэмыгъэхъу­ным и IуэхукIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэпымыууэ зэрадэлажьэр зэIущIэм къыщыхагъэщащ. Хэхауэ и гугъу ящIащ информацэм епхауэ щыIэ технологиехэм къыще­кIуэкI щIэпхъаджагъэхэм, интернет Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ ялэжь бзаджагъэхэм. Мыпхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр ­игъуэм къыщIэгъэщыным хуэунэтIауэ щIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министру щыIэ Павлов Василий. Iэтащхьэм къызэрыхигъэщамкIэ, бзаджащIэхэм зэрахьэ хьэгъэщагъэ лIэужьы­гъуэхэм жылэр и чэзум щыгъуазэ хуэщIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, ар апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэхэр къэмыгъэхъуным телажьэ Iэмалщ.
Апхуэдэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ хьэрычэтыщIэхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ щыIэ лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэ щIыкIэм, къэрал Iуэхутхьэбзэхэр бжыгъэрылъанэ Iэмалхэм хуэгъэкIуэным хуэгъэза Iэмалхэр зэрырагъэфIакIуэм, пан­демием теухуауэ чэнджэщхэр зыт, зыуэ щыт «122» къэ­ралпсо номерым и къалэнхэм зегъэубгъуа зэрыхъунум. ­КъулыкъущIэхэм къызэрыхалъхьамкIэ, номерыр зы Iуэху­гъуэм ехьэ­лIауэ щымыту, цIыхур зыIууэ сыт хуэдэ гугъуехь­хэри къызэнэкIынымкIэ чэнджэщ хъу дэIэпыкъуэгъум ­хуагъэкIуэнущ. Апхуэдэ жэрдэм къыхэзылъхьари, абы и гъэзэщIэкIэ хъунум тепсэлъыхьари КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борисрэ КъБР-м бжыгъэрылъанэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Ащхъуэт Ислъамрэщ.

Поделиться: