Хъуапсэм псэ хэтщ

Ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ!

Ди къуэшыфIхэ, ди шыпхъу дахэхэ!

Илъэс зыбжанэ хъуащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэшхуэр, фокIадэм и 20-р, лъэпкъ махуэгъэпсым къызэрыхэувэрэ, ар дгъэлъапIэ зэрыхъурэ. КъызыхэкIа лъэпкъым ирипагэ дэтхэнэ зы цIыхури ирогушхуэ Хэку зэриIэм, анэбзэ зэ­рыIурылъым, нэхъ лейуэ йогупсыс и адэжьхэм къа­кIуа гъуэгуанэм.
Адыгэм щIэгушхуэн тхыдэ иIэщ, щызэплъэкIыжкIи щапхъэ ищI хъун куэди хэлъщ. Пэжщ, ди адэжь­хэм я гъащIэ гъуэгуанэр лъэпощхьэпоуншэу щытакъым, Iэджэ гуауи я нэгу щIэкIащ. Ауэ къащIэхъуэ щIэблэм щхьэкIэ псэун зэрыхуейр ящы­гъуп­щакъым. «Гугъэр адэжь щIэинщ» жыхуаIэращи, адыгэм и щыIэныгъэр пщэдейрей махуэхэм хуэгъэпсауэ, и бзэрэ и хабзэрэ къызэрызэтенэным хуэщIауэ, и Хэку дахэр сыт щыгъуи щыIэным телажьэу къекIуэкIащ.
Адыгэхэр щIы хъурейм тепхъауэ псэуми, я лъэпкъыщхьэр зэрахъумэным, я бзэкIэ зэрып­сэлъэным хущIэкъуу дунейм тетщ. Нобэрей махуэр щыхьэт тохъуэ адыгэм и хъуапсэм псэ зэрыхэтым, и гугъапIэхэм ужьых зэрамыIэм. Ди цIыхухэр я щIэныгъэкIэ, я зэфIэкIкIэ, я Iуэху щIэкIэкIэ дуней псом къыщацIыхуащ; я хабзэкIэ, я цIыху щIыкIэкIэ, я щыпкъагъэкIэ дэни фIыкIэ къыщыхощ. ЖыпIэнуращи, дэнэ щIыпIэ щымыIэми, зыхуосакъыж, и пщIэр ехъумэ, емыкIумрэ екIумрэ зэхигъэгъуащэркъым. Шэч хэлъкъым Адыгэ Хабзэрэ адыгэбзэрэ къызыдэгъуэгурыкIуэ лъэпкъыр зэрымыкIуэдыжынум.
Нобэ ди махуэщIщ, гугъэмрэ хъуапсэмрэ я махуэшхуэщ. Лъэпкъыбэм дыкъызэрацIыхуа ди хъугъуэфIыгъуэ псори ди гъащIэ мылъкущ, ауэ абы фIыкIэ къыхэзыгъэхъуэн, ар зыгъэбэгъуэн, къэкIуэну лъэхъэнэхэм хъеркIэ нэзыхьэсын лъэпкъ дыхъуну Тхьэм жиIэ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гурэ псэкIэ сыныво-                      хъуэхъу Адыгэм ди махуэшхуэмкIэ, фIыгъуэрэ ехъу­лIэныгъэрэ къыфхудэкIуэну си гуапэщ.  «Узэкъуэтмэ, улъэщщ», жиIащ адыгэм. ДэнэкIи щыIэ ди лъэпкъэгъухэр дызэкъуэту, дызэлъэIэсу, мамырыгъэм дыхущIэкъуу дыпсэуну сохъуахъуэ!
Ирегъагъэ, ирефIакIуэ адыгэ (шэрджэс) лъэп­къыр!

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ