Бостей плъыжь зыщыгъхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрыунэхурэ илъэсищэ зэрырикъум, СССР-м и илъэсищэ къэблагъэм я щIыхькIэ, «Урысейм и гугъэ» («Надежда России») бзылъхугъэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщри, республикэм и бзылъхугъэхэр Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ирикIуащ бостей плъыжь ящыгъыу. 
- Налшык щедгъэкIуэкIа «Бостей плъыжь» Iуэхур Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэми щокIуэкI, щхьэж зыхуей Iуэхугъуэм триухуэурэ. Дэ щхьэусыгъуэ дахэ тхуэхъуащ республикэм и илъэсищэмрэ Совет Союзым и илъэсищэ къэблагъэмрэ. Iуэхур къыддиIыгъащ къэрал Думэм и депутат, унагъуэм, анэхэм, сабиигъуэм и комитетым и унафэщI Останинэ Нинэ. Останинэр ди бзылъхугъэ зэгухьэныгъэми и гуащэщ, – жиIащ «Урысейм и гугъэ» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Черновэ Алёнэ. 
- Плъыжьыр – пионерым дыщыхэта сабиигъуэм, комсомолым дыщыхыхьа щIалэгъуэм я плъыфэщ. Плъыжьым нэхъри къегъэщIэращIэ бзылъхугъэм и теплъэр, - жиIащ Iуэхум хэта нэхъыжь Мизинэ Ларисэ. 
Бзылъхугъэ «зекIуэм» хэтахэм я бостей плъыжьхэр нэхъри щIэращIэ ящIырт шляпэхэм, пщэрылъ, тхьэгъу, Iэпщэхъу гъэщIэгъуэнхэм. ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ирикIуащ жьыи щIэи: студентхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, лэжьыгъэм и ветеранхэр. 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: