Къабзагъэм елъытащ узыншагъэр

Налшык къалэм и полицейхэр хэтащ «Зеленая Россия» урысейпсо экологие  щэбэт щIыхьэхум.  

Iуэхур щекIуэкIащ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм   полицэм и  плъыр-пост къулыкъум и полкым и щIыпIэм, абы жыджэру хэтащ  Управленэм и ППСП-м и батальон щхьэхуэм и лэжьакIуэхэр. 

Полицейхэм зэщIагъэкъэбзащ полкым къегъэщIылIа щIыпIэр, зэхуахьэсащ къыпылъэлъа тхьэмпэхэмрэ къудамэхэмрэ, удз гъэгъа зэрытхэри  зыхуей хуагъэзащ.

  Мыпхуэдэ Iуэхухэр щIэх-щIэхыурэ зэрегъэкIуэкIыпхъэр гурыIуэгъуэщ.    Ежьужьым щIыпIэр  фIей ещI, ар цIыхум и узыншагъэм зэран хуохъу, къэплъытэмэ, мыпхуэдэ  щэбэт щIыхьэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ.

                                                                         

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: