Унэр щывгъэплъкIэ

Унэхэр къагъэплъыным къэнэжар махуэ зыбжанэщ. ЩIымахуэм зыхуагъэхьэзыру цIыхухэм къащэхун щIадзэ хуабэ къэзыт Iэмэпсымэхэр: калориферхэр, электрокаминхэр, нэгъуэщIхэри. Ауэ щыхъукIэ, псори щыгъуазэкъым а Iэмэпсымэхэм я зэранкIэ мафIэс къэмыхъун папщIэ шынагъуэншагъэм къигъэув мардэхэм хуэкIуэу щытын зэрыхуейр,- къет МафIэсым пэщIэт къэрал IуэхущIапIэм.
Зи гугъу тщIа Iэмэпсымэ псори шынагъуэншэу лэжьэнымкIэ къэпщытэныгъэм зэрыпхымыкIыр щэхукъым. Уеблэмэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди цIыхухэм IэрыщIу ящIаи къащэху, шынагъуэншэу къызэрагъэсэбэпынум елIэлIащэркъым. КъахокI гъуэлъыпIэ лъабжьэм, шкафхэм электроплиткэхэр щызыгъэув. Апхуэдэ мыкIуэмытагъэм къешэ цIыхум фэбжь щигъуэт е щыхэкIуадэ мафIэс. Илъэс кIуам республикэм щатхащ мафIэс 50-м нэблагъэ, ахэр кърикIуащ дзыхьщIыгъуэджэ, зыхуей хуэмыза Iэмэпсымэхэр къызэрагъэсэбэпым. ЦIыхуищ хэкIуэдащ, тхум фэбжь зэмылIэужьыгъуэхэр ягъуэтащ. МафIэм зэрыщыту е и Iыхьэр исащ фэтэррэ унэу 12-м.
Зыщывмыгъэгъупщэ, IэрыщI электроIэмэпсымэхэр къэвгъэсэбэп зэрымыхъунур, абы шынагъуэ зэрыпылъыр. Лъэщагъышхуэ зиIэ элеткрохьэкухэр нэхъ пасэу ящIа унэхэм фэтэрхэм я электрокIапсэхэм тохьэлъэ, мафIэр зэуэ къэлындыныр аращ къызыхэкIри.
Хуабэ къэзыт электроIэмэпсымэхэр шынагъуэншэу къэгъэсэбэпыным и мардэхэр: Iэмэпсымэхэр гъэувыпхъэщ унэлъащIэхэм, щхьэгъубжэIупхъуэхэмрэ тепIэн-щIэлъынхэмрэ пэIэщIэу. Ахэр щыбгъэув хъунукъым зекIуапIэхэмрэ абы зыгуэр къыщытехуэнкIэ хъуну щIыпIэхэмрэ. КъэбгъэсэбэпынкIэ Iэмал иIэкъым тепIэн-щIэлъыныр, щхьэцыр бгъэгъущын папщIэ.
Унэм сабий цIыкIухэр е зи ныбжь хэкIуэтахэр щIэсмэ, зэхуэщIауэ къэплъ Iэмэпсымэ къыхэфх. Шынагъуэщ IэрыщI Iэмэпсымэхэр гъэхьэзырыныр икIи зы розеткэм зыбжанэ ипIуныр. ЭлектроIэмэпсымэхэр щIэгъэнауэ къэвмыгъанэ.
Зыщывмыгъэгъупщэ щIымахуэм мафIэсу къэхъум фадэм дихьэххэм я зэрани зэрыхэлъыр. Апхуэдэхэм я щхьэусыгъуэр зэщхьщ: фадэм дихьэхыр ефауэ диваным йогъуалъхьэ, тутын ефэн щIедзэри мэжей. Тутыныр Iэпыхуа нэужь къэхъур гурыIуэгъуэщ.
Аращи, фысакъ! МафIэс къэхъужыкъуэмэ, зэуэ фыпсалъэ «0I» номерым (стационар телефонхэмкIэ) е «101»-м (жып телефонхэмкIэ). Фэтэрым е унэм щIэсхэр къыщIэфш, электрокъарумрэ газымрэ къэзыт Iэмэпсымэхэр къифч, мафIэр фхуэгъэункIыфIмэ феплъ. Ар фхузэфIэмыкIамэ, фэтэрым (унэм) псынщIэу фыщIэкIи, къэса мафIэсгъэункIыфIхэм яжефIэ пэшхэм цIыху къыщIэнамэ.

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: