Куэцэ Идар и ехъулIэныгъэщIэ

Жэпуэгъуэм и 4-5-хэм Артек щекIуэкIащ «Детская Новая волна – 2022» зэпеуэ цIэрыIуэм и кIэух Iыхьэр.
Абы зыкъыщагъэлъэгъуащ къэралибгъум я уэрэджыIакIуэ 12-м.
КъэпщытакIуэ гупым хэтащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Маликов Дмитрий, Павлиашвили Сосо, Карауловэ Юлианэ, Дмитриенкэ Ваня, Хабиб сымэ. Мы гъэм къэпщытакIуэхэр ИнтернеткIэ лэжьауэ аращ, абы хуэщIауэ Москва дэт студием щIэсу.
Зэпеуэм япэ увыпIэр щыхуагъэфэщащ Волковэ Аннэ, етIуанэ хъуар Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэщIэ Куэцэ Идарщ. КъищынэмыщIауэ, телевизореплъхэм я деж щрагъэкIуэкIа IэIэтми Идар щытекIуащ. Ещанэ хъуар Хабибулинэ Таисэщ.
Ди лъэпкъэгъу щIалэм мыбы ипэкIи ехъулIэныгъэ зыбжанэ уэрэд жыIэнымкIэ зыIэригъэхьат.     Ар щытекIуащ «Твой голос» дунейпсо фестиваль-зэпеуэм (Москва), «Золотой голос России» дунейпсо фестивалым (Москва), усэ, прозэ къеджэнымкIэ «Зажигаем новые звёзды» V дунейпсо фестиваль-зэпеуэм (Cочэ), Крутой Игорь и академием къызэригъэпэща «Академия талантов» урысейпсо фестивалым (Краснодар), «Радуга над Нальчиком» дунейпсо зэхьэзэхуэм (Налшык), нэгъуэщIхэми.
ЩIалэщIэм дохъуэхъу и зэфIэкI нэхъыбэ хъуну, ехъулIэныгъэ щымыщIэну ди гуапэщ.

ЩОМАХУЭ Залинэ.
Поделиться: