ЩIымахуэр къэмыс щIыкIэ

Иджы хуэдэ зэманым Iуащхьэмахуэ лъапэ къытрилъхьэ уэсым мэзылъэхэр зэуэ щыщIиуфэ щыIэщ, мэз псэущхьэхэмрэ щIымахуэр ди щIыпIэм щизых къуалэбзухэмрэ цIыхум и гулъытэ хуэныкъуэу. Ар къызыгурыIуэ мэзхъумэхэмрэ щакIуэхэмрэ абыхэм шхынкIэ яхуосакъ; гъатхэм щыщIадзэри жыгей тхьэмпэхэр, мэкъур, шыпсыранэр, Iусыпхъэхэр ягъэтIылъ, мэз бжэнхэр, бланэхэр, кхъуэпIащэхэр щыхъуакIуэ щIыпIэхэр уэс куум щыщIихъумэкIэ абыхэм ирагъэшхын хуэдэу.

 ЩIымахуэр мыткIиймэ, абыхэм езыхэми хъарзынэу уэс щIагъым къыщIах мышхумпIэр, мэзыдэр, пщIийр, чэщей жыг цIынэ цIыкIухэр, шыкIуртIымхэр, мэзкхъужь тIыгъуахэр, нэгъуэщIхэри.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуршылъэ мэзхэм псэущхьэхэм Iусымрэ мэкъумрэ щыхуагъэтIылъ щIыпIэ щхьэхуэхэр щыIэщ.

-Ахэр жылагъуэхэм фIыуэ пэжыжьэу къыщызыдогъэпэщ, бжьыхьэ-щIымахуэ пIалъэм ирихьэлIэу хуиту хъупIэхэм ираутIыпщхьэ унагъуэ Iэщыр нэмысын хуэдэу, арщхьэкIэ, сыт хуэдэу дымыхъумэми, мэз лъагъуэ пхыдзахэмкIэ щIэкIыу, псэущхьэхэм яхуэдгъэтIылъыр щраулъэпсыкI куэдрэ къохъу,-жаIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ министерствэм и IэщIагъэлIхэм.

Мэзкъуэды щIыпIэхэм щыIэ псэущхьэ нэхъ инхэм ящыщщ якхэмрэ домбейхэмрэ. Ахэр нэхъыбэу здэщыIэр Осетие Ищхъэрэ-Аланием и мэзхэрщ икIи абыхэм я нэIэ трагъэтщ щIыуэпсымкIэ урысей Фондым и лэжьакIуэхэм. Псэущхьэхэм зэрыкIэлъыплъым къищынэмыщIауэ, абыхэм мэз лъагъуэхэр ягъэкъабзэ, псэущхьэхэр зы щIыпIэм икIыу шхын нэхъ къащыIухуэну нэгъуэщI щIыпIэхэми тыншу кIуэфын хуэдэу. Мэзхъумэхэмрэ щакIуэхэмрэ къадоIэпыкъу псэущхьэхэмрэ щIыуэпсымрэ фIыуэ зылъагъухэр, волонтерхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр.

КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, ди къуршылъэ мэзхэм щыбэгъуэжащ, мащIэ дыдэ зэрыхъуам къыхэкIыу Тхылъ Плъыжьым иратхауэ щыта мыщэ гъуабжэхэр. ЩIымахуэ ткIий зэрыщымыIэжми емылъытауэ, абыхэм пIалъэм тету щIымахуэ жей ящI. Гъэм и кIыхьагъкIэ къапщтэмэ, мыщэхэр цIыхуми Iэщми зэран щахуэхъу къэхъуркъым. Нэхъыбэу яшхри мэзым щIэт пхъэщхьэмыщхьэхэрщ.

Абыхэм елъытауэ дыгъужьхэмрэ хьэIуцыдзхэмрэ нэхъ еIуящIэщ; гуп зэрыгъэхъуу мэл гуартэм теуэмэ, мэл 40-50-м нэблагъэр пэщ ящымыхъуу ялIынущ. Апхуэдэу ахэр йощакIуэ нэхъ зыпэлъэщыну къалъытэ танэхэм шыщIэхэм. Аращ пIалъэ пыухыкIам тету ахэр ягъэмэщIэн хуей щIэхъур.

«Росприроднадзор» IуэхущIапIэм илъэс къэс иджы хуэдэ зэманым ди къуршылъэ мэзхэм зыщызыплъыхьхэм хъыбар ярегъащIэ мэз псэущхьэхэр гъунэгъуу зэпшалIэу бгъашхэ зэрымыхъунумкIэ; абыхэм езэгъынукъым цIыхум яшх шхыныгъуэхэр: лы гъэжьар, щIакхъуэхэкI IэфIхэр, уеблэмэ жэмышэ къудейр. ИтIанэ, IэкIэ зыбжанэрэ бгъэшха псэущхьэ Iэлыр умыщIэххэу етIуанэ гъуэгу къыптеуэнкIэ мэхъу, а шхын дыдэр уи деж къыщилъыхъуэу е туристхэр къыщызэтеувыIэ щIыпIэхэр кIуапIэ ящI.

Шынагъуэншэу пхужыIэнукъым зыпащI щымыIэу псоми фIыуэ ялъагъу кIэпхъхэр, цыжьбанэхэр, мэз дзыгъуэхэр. Ещхьыркъабзэу ахэр Iэм ибгъэшхыкIыныр шынагъуэщ - япкърытынкIэ хъуну узыр зыми ищIэркъым. Мыбы  теухуауэ Ставрополь щIыналъэм щаублащ щапхъэ зытрах Iуэхугъуэ; мэзылъэхэм щIагуашэ вакцинэ зыхэлъ шхыныгъуэхэр. Мы илъэсми апхуэдэ лэжьыгъэхэм пащэнущ.

ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм телажьэхэм бгылъэ щIыпIэхэм щIымахуэр щизых бгъэ лIэужьыгъуэхэми я нэIэ тетщ. ИпэкIи и гугъу зэрыфхуэтщIащи, хэщIыныгъэ ин зыгъуэтауэ щыта къуршыбгъэхэм я бжыгъэр хъарзынэу зэфIэувэжу хуежьащ. ЩIэныгъэлIхэр кIэлъоплъ абыхэм щIымахуэр зэрырах щIыкIэмрэ я шхыныгъуэхэр зыхуэдэмрэ.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: