Лъэмыжхэр зэрагъэпэщыж

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хиубыдэу Шэджэм-2 - Булунгу гъуэгу Iыхьэм хиубыдэ лъэмыжи 5-р зэрагъэпэщыж.

Мы зэманым ирихьэлIэу Булунгурэ Кииксурэ телъ лъэмыжхэм я лъабжьэхэр бетонкIэ щIэрыщIэу щIагъэжыкIыжащ, лъащIэр къыщIэзыIыгъэ бетон гъэжахэм ягъуэта сэкъатхэр ягъэзэкIуэжащ. Иджылъэмыжым и кIыхьагъкIэ телъ асфальтыр къагъэщIэрэщIэж, абы къыдэкIуэу бордюрхэмрэ гъущI къэухьхэмрэ зыхуей хуагъэзэнущ.
Колсу псым телъ лъэмыжым и псы ежэхыпIэхэр зэрагъэпэщыж, мыгувэу асфальтыщIэ тралъхьэнущ.
Адайсу телъ лъэмыжым и щIыIур бетонкIэ кърагъэжыкI, щIэгъэкъуэнхэр иджырей пкъыгъуэ нэхъ быдэхэмкIэ яхъуэжынущ.
Шэджэмыпсым узэрызэпрыкI лъэмыжым псы ижыпIэщIэхэр хуащIауэ, зы лъэныкъуэмкIэ телъ асфальтыр яхъуэж, мыгувэу адрей лъэныкъуэми иужь ихьэнущ, къэухьхэр зэрагъэпэщыжынущ.
Районым и гъуэгуухуэ Управленэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Шэджэм щIыналъэм и лъэмыжхэмрэ гъуэгухэмрэ зэIузэпэщ щIыныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ, туристхэм я зыгъэпсэхупIэ куэд щыIэщи. Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр бжьыхьэр имыкIыу зэфIагъэкIыну я мурадщ.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: