Пхъэхуейм ихъума щэху

Жыгейм сэбэпынагъыу иIэр,  псалъэ лей хуэмеижу, псоми ящIэ: къыпыкIэ мышхумпIэр мэз псэущхьэхэм я шхыныгъуэщ, уеблэмэ гъатхэм хуиту тригъэхьэу. КъищынэмыщIауэ, жыгейм и пхъафэр и хущхъуэшхуэщ щIыIэ, дзэл, лъынтхуэ узхэм.

ГъащIэшхуэ зиIэ жыгейр лъэныкъуэкIэ иригъэкIуэтэкIауэ жыпIэ хъунущ пхъэхуейм. Новосибирскрэ Красноярскрэ я щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ къызэрахутамкIэ, Урысейм и щIыналъэ псори зи хэщIапIэ а жыг IэмащIэлъэмащIэ дахащэм  зыри зыпэмыплъа хущхъуэгъуэ ихъумэу къыщIэкIащ; пхъэхуейм къыхащIыкIа композит пкъыгъуэхэм лышхым и клеткэхэр екъутэ, и бэгъуэнри къызэтрегъэувыIэ.

- Бетулиным и дипропионатыр зи лъабжьэ икIи псы къызэрыгуэкIымкIэ зыхэпщIэ хъу композитхэмкIэ хуиту лышх узыфэм уебэныфынущ,-жаIащ сыбыр щIэныгъэлIхэм. Зи гугъу ищI пкъыгъуэр дунейм езым къегъэщI, бетулиным и эфирымрэ пропионовэ кислотамрэ къыхэкIыу. Абы къыхах пкъыгъуэм дыщIагъуащ псым ар тыншу хэзыгъэткIухь полисахаридымрэ  пхъэм къыхах арабиногалактанымрэ.

  Лышхым имызакъуэу, ар узыфэ куэдым хуэсэбэпынущ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрыхагъэщамкIэ, бетулиным и эфирырщ лышх клеткэхэр ипIэм имыкIыу зэщIэзыубыдэри зэхэзыкъутэри. Ар зи IэдакъэщIэкIхэр щогугъ, дызыхуэкIуэ зэманым апхуэдэ къэхутэныгъэм фармакологием увыпIэшхуэ щиубыдыну, зэрыфщIэщи, ди къэралым пхъэхуейр и мащIэкъым.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: