Ахъмэт и фэеплъ

Къэщкъэтау къуажэм щекIуэкIащ  2005 гъэм IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэхэр Налшык къалэм къыщытеуам хэкIуэда   Ульбашев Ахъмэт  и фэеплъыр мыкIуэдыжын щIыным теухуа зэIущIэ.  

 

Полицэм  и лейтенант нэхъыжь Ахъмэат щеджа школым къыщызэIуахащ  фэеплъ пхъэбгъу. А Iуэхум хэтащ  щIалэм къыдэлэжьахэр   и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, школым и егъэджакIуэхэмрэ школакIуэхэмрэ,   район администрацэм и лIыкIуэхэр.

- Абы и гъащIэр кIэщIт, ауэ   Хэкум я къуэ нэсу щытащ.   Дэ ди къалэнщ Ахъмэт и фэеплъыр тхъумэну икIи къытщIэхъуэ щIэблэм едгъэщIэнущ, -  жиIащ Урысей  гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и СОБР-м и лэжьакIуэ Т.Эльдар.  

Къызэхуэсахэм фэеплъ пхъэбгъум деж удз гъэгъахэр ягъэтIылъри хэкIуэда офицерым пщIэ хуащIу  дакъикъэкIэ  щымащ. 

Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ   Ульбашев Ахъмэт  ЛIыгъэм и орден къыхуагъэфэщащ (мыпсэужу). 

        

 

 

 

 

 

Поделиться: