Лъы ятШэрэдж районым и полицэм и лэжьакIуэхэр хэтащ лъы тын Iуэхум.
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м хэкIуэда я лэжьэгъухэмрэ республикэм и цIыху мамырхэмрэ я фэеплъым пщIэ хуащIу, Урысей МВД-м Шэрэдж районымкIэ и къудамэм и унафэщI полицэм и полковник Хапаев Далхат я пашэу, лъы ятащ. - Дэ ди къалэну къыдолъытэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэ хуэныкъуэ цIыхухэм защIэдгъэкъуэныр. Лъы тыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущи ди фIэщ мэхъу лъы ттар сэбэп зэрыхъунур цIыху гъащIэр къегъэлынымкIэ,- къыхигъэщащ Хапаев Далхат. - Ди ныбжьэгъу хэкIуэдахэр, абыхэм я унагъуэхэу ди районым щыпсэухэр зэи тщыгъупщэркым. Абыхэм я фэеплъу мыпхуэдэ Iуэхум дыхэтщ,- жаIэщ полицейхэм.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|