ЦIыхур гугъуехьым епсыхь

Жамботхэ Къэсейрэ Гуащэхужьрэ я унагъуэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу псэууэ, жылэми пщIэшхуэ къыщыхуащIу апхуэдэт. Зэщхьэгъусэхэм я бынхэр хабзэмрэ нэмысымрэ щIапIыкIыу, сыт хуэдэ Iуэхуми хуэмыщхьэхыу къагъэтэджырт. Апхуэдэ унагъуэр благъэ яхуэхъуныр, дауи, куэдым я хъуэпсапIэт. Махуэ гуэрым Жамботхэ лъыхъу къахуэкIуащ. Япхъу нэхъыжь Гуащэпс къыщIэупщIэр езыхэм хуэдэ лъэпкъыжь, пщIэрэ щIыхьрэ зиIэ ХьэтIокъущокъуэхэт. ЛъэпкъитIыр зэгурыIуэри, благъэ зэхуэхъуащ: Жамбот Гуащэпс щхьэгъусэ хуэхъуащ ХьэтIокъущокъуэ Мысост.
АрщхьэкIэ абы я унагъуэ жьэгум насыпым куэдрэ тIысыпIэ щищIакъым. ВласытыщIэм и «бийхэр къыщахутэ» зэман бдзаджэти, зэщхьэгъусэхэр мазэ фIэкIа зэдэмыпсэуауэ Мысости абы и адэ къуэшым и къуэри (абыи Мысостт и цIэр. ЗэрызэцIэджэгъум папщIэ зым Мысост-нэхъыжькIэ, адрейм Мысост-нэхъыщIэкIэ еджэрт) жэщым дашри, Налшык дэт тутнакъэщым ирадзащ.
Иужьрейуэ зэщхьэгъусэхэр щызэхуэзам, Мысост Гуащэпс къыжриIат: «Дэ мыбы псэууэ дыникIынукъым, уэ унэр щэи, фи деж кIуэж». Бзылъхугъэм и гур фIы къыхуэзыщIын псалъэхэр щызэхимыхым, и щхьэр къыхуэмыIэту: «Унэр хэти сигъэщэн, уэ унимыкIыжынумэ, абы сыткIи сыхуей сэ», - жиIэри зэбгъэдэкIыжащ. КъыкIэлъыкIуэ кIуэгъуэм ирихьэлIэу (зы махуэ дэкIмэ, етIуанэм трагъазэу арати) и благъэ фызым Гуащэпс хъыбар къыхуихьащ и щхьэгъусэр зэрыщымыIэжымкIэ.
Жамбот Къэсей лIы Iущт. Абы къыгурыIуэрт адэкIи ахэр тыншу зэрамыгъэпсэунур. «НэгъуэщI мыхъуми, уэ зыр Хэкум укъинэнщ», - жиIэри, и щхьэгъусэр зэраукIрэ зэман куэд дэмыкIами, абы ипхъу нэхъыжьыр ГунжафIэ Нурхьэлий Машэ и къуэм дигъэкIуэжащ. Абы иужькIэ мазэ нэхъ дэмыкIыу Жамботхэ я унагъуэр ирашащ. ЩIыпIэ куэдым къыщыщIидзащ ахэр, иужьым Дагъыстэн щIыналъэр хэщIапIэ яхуэхъуащ.
- Хэкум къина си анэ Гуащэпси и фэм гугъуехь мащIэ дэкIакъым, - къыпещэ хъыбарым Жанпагуэ. – Пэжщ, щхьэгъусэ тынш игъуэтат, езыри унагъуэм яхэзэгъат. ФIы дыдэуи дыпсэурт, мэл хъушэ диIэт, Iэщ зетхуэрт. АрщхьэкIэ гъащIэ насыпыфIэр напIэдэхьеигъуэт. Ди псэукIэр зэтракъутащ Хэкум къизэрыгуа нэмыцэхэм. Абы щыгъуэм ди адэ-анэм бынитху драIэт. Махуэ гуэрым нэмыцэ кхъухьлъатэхэм кърадзыха лагъымым ди унэр зэтрикъутащ, дэри уэрамым дыкъыдэнащ. Ди адэм шыгур зэщIищIэри, и бынунагъуэр дригъэтIысхьэщ, зы жэмыр кIэрищIэри, Псынабэ дэс и шыпхъу курытым деж дишащ. Жэщым дыгъуэлъыжауэ, лагъым кърадзыхам и зы Iыхьэ унэм къыщIэхуэри, абы щIэт пэшхьэкур къигъэлъэлъащ. Абы и къутахуэхэм ящыщ си дэлъхум и лъакъуэм къытехуэри, уIэгъэ хъуащ. Жэщыбгым дыкъэтэджыжри, си адэм и анэшым я деж, ХьэбытIыжьхэ (ахэри Псынабэ дэст), дыкIуащ. Дэ цIыхуи 8 дыхъурт: си адэ-анэр, сабии 5-р, ди адэ шыпхъу нэхъыщIэр. ДыздэкIуари цIыху мащIэ хъуртэкъым, ауэ дэнэ дахьынт?! Махуэ 20-кIэ абы дыщыIащ. Иужьым зи лъакъуэр уIэгъэ хъуа си дэлъхур къуажэм кIуэжыну хуейуэ щылъаIуэм, ди адэм дыкъришэжьэжащ. Гум дису дыкIуэурэ, Шэрэдж псыр зэпыдупщIыну мылым дыщытехьэм, кIуэцIрыхури шэрхъыр хэнащ. Ди адэ тхьэмыщкIэм зырызыххэу гум дыкърихыурэ псым дыкъызэприхащ, шыри къыхилъэфыжащ. Моуэ гъуэгум дыкъытехьэжа къудейуэ зауэлI шу гупым дакърихьэлIащ. Абыхэм ящыщ зыр «фи шыр къызэвмыту хъунукъым» жиIэри къытпэуващ. Ахэр езыхэр псори шууейт, ауэ ди шыр дахэ дыдэти ехъуэпсагъэнт. АдэкIи-мыдэкIи димыгъакIуэу, шыр гум щIитIыкIри ежьэжащ. Ди адэр Шэрэдж Ищхъэрэ кIуэри, сыхьэтитI хуэдэкIэ къэтауэ, езым и ныбжьын зы лIыжь и гъусэу къигъэзэжащ. А тIум гум зыщIащIэри, мазитI фIэкIа мыхъуа ди нэхъыщIэмрэ щIалэ уIэгъэмрэ абы илъу, дэ яужь диту лIыжьым я деж дашащ. ГъуаплъащIэ Хьэжмусэт а дадэр. Махуэ 20-кIэ дыщыIащ абы я деж, дызэрыкIуэжын дымыгъуэту. Махуэ къэс лIыжьитIыр дэкIыурэ Аргудан дызэрынагъэсыжын гуэр къалъыхъуэрт. Сытми, Iэжьэ зыщIэщIа къагъуэтри, абыкIэ дыкIуэжащ. ДыкъыздэкIуэжам къыдэдна джэдкъазымрэ мэлымрэ нэмыцэм яшхауэ, унэ ныкъуэкъутэми зыри щIэмылъыжу дыкърихьэлIэжащ. Апхуэдэу махуэ зыбжанэкIэ унэ лъэгум дыщысу, дыщылъу дыпсэуащ. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым, нэмыцэхэм, дыдейхэр зэратекIуэм и хъыбар зэхахагъэнт, унэм телъ кхъуэщынхэр фочкIэ дэуейурэ къраудыхыурэ жэщыр ягъэкIуащ. Пщэдджыжьым сыхьэти 5-м фоч уэ макъыр зэпыуащ икIи абыхэм къуажэр ябгынащ. Арати, тшхыни дызыщIэсыни димыIэу дыкъэнащ. Пщыхэм зыри яхуэмыщIэу, абыхэм загъафIэу къэхъуауэ жаIэ. Си анэм мис а чырбыш къутахэр зэтрилъхьэжащ. Абы нэмыщI ятIэ чырбыш дгъэжурэ, ди унэр зэрыщыту и IэкIэ зэригъэпэщыжащ. ИгъащIэм лъэIуакъым, зы цIыхуми и щхьэ хуигъэщхъакъым. Гугъуехьышхуэ ялъэгъуащ ди адэ-анэм, ауэ къызэфIигъэщIакъым…
ГунжафIэхэ Нурхьэлийрэ Гуащэпсрэ Арщыдан жылэм пщIэшхуэ щызиIэхэт. Абыхэм я деж чэнджэщакIуэ цIыхушхуэ къекIуалIэрт. Хьэблэм къыдашэ нысащIэхэм дежкIэ Гуащэпс щапхъэт. «ГунжафIэ хьэл» «ГунжафIэ нэмыс», «ГунжафIэ хабзэ» - а псалъэхэр абыхэми я бынхэми яхуэгъэзауэ къапсэлъырт. ЦIыхухэм я гуфIэгъуэри гузэвэгъуэри кърахьэлIэрэ я Iуэху драгъэхыу апхуэдэу къекIуэкIащ.
ЩIымахуэ уаем псым зэрыхэтар къыщIэкIуэжащ Нурхьэлий. Абы уз хихри, илъэсищкIэ пIэхэнэу сымэджауэ, I95I гъэм дунейм ехыжащ. Бынхэм я ехъулIэныгъэм кIэлъыплъыну хунэсащ Гуащэпс. Абы и фэм дэкIа гугъуехьымрэ хьэзабымрэ и бынхэмкIэ иIуэтэжащ. Псори лъэ быдэкIэ гъащIэм хигъэуващ, IэнатIэ хъарзынэхэр зэрахьэу лэжьащ, зыхэтым я деж я пщIэр щылъагэу къекIуэкIащ. I996 гъэм Гуащэпс дунейм ехыжащ, жьыщхьэ махуэ хъуауэ зыкъилъытэжу.

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: