Я къалэнхэм щыщу къалъытэуIуащхьэмахуэ куейм и Тырныауз къалэм щекIуэкIащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м зи къалэн зыгъэзащIэу хъэкIуэда хабзэхъумэхэм я Фэеплъ махуэм теухуа пэкIу. Абы хэтащ Iуащхьэмахуэ районым и Iэтащхьэ Тохаев Хьиса, Iуащхьэмахуэ район администрацэм и Iэтащхьэ Соттаев Курман, Урысей МВД-м и Iуащхьэмахуэ куей къудамэм и унафэщIхэр, къудамэм дэлажьэ Жылагъуэ советым хэт Газаевэ Зухра. Къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-14-хэм къэхъуа гущIыхьэр. Къудамэм и лэжьакIуэхэм псалъэ гуапэхэмкIэ ягу къагъэкIыжащ я къалэным хуэпэжу, къэмыланджэу хабзэр, мамырыгъэр ди щIыналъэм щызыхъума, зи къарумрэ гъащIэмрэ емыблэжу щIэпхъаджащIэхэм япэщIэта хабзэхъумэхэр.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|