Адыгэлъыр кIуэдакъым

Ди хэкуэгъухэр Болгариеми щопсэу. Адыгэхэр зыхэс лъэпкъхэм тIэкIу-тIэкIуурэ яхошыпсыхьыж. Куэдым я анэдэлъхубзэр яIэщIэхужащ. Адыгэ унэцIэ зезыхьэу абыхэм яхэтыжыр мащIэщ, лъэпкъ хабзэм щыгъуазэу къэнэжаи щыIэкъым. Ауэ адыгэлъыр, адыгэ хьэл-щэныр кIуэдакъым. Болгарием ущрохьэлIэ Къардэнхэ, Думэнхэ, Думэныщхэ, Бэчхэ, Къулхэ, Шэрджэсхэ…

Илъэс 45-рэ ипэкIэ Стрелец къуажэм дохутыру щылэжьа Черкезов Стефан зэрихьа лIыхъужьыгъэр ноби къэралым щагъэщIагъуэ. Адыгэ щIалэм абы щыгъуэ Болгарием и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащауэ щытащ. Абы и хъыбарыр итхыжащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

… Велико-Тырновэ щекIуэкIа конференцым и лэжьыгъэм хэтауэ Черкезовыр и къуажэм кIуэжырт. Бгым зезышыхьэкIа гъуэгум игъэхыщIэу дэкI автобусым исхэр пэмыплъауэ насыпыншагъэ ин къэхъуащ. КъуэкIыпIэм къыкъуэжа хьэлъэзешэ машинэр къыжьэхэуэри, автобусыр мафIэм зэщIищтащ. Уащхъуэдэмыщхъуэу къэхъуа Iуэхум игъэгужьея цIыхухэм ящIэнур ямыщIэу къэнат. Дохутыр щIалэм и закъуэщ къэхъуар псынщIэу къызыгурыIуэу нысыпыншагъэм пэщIэувэфар. МафIэм зэщIищта автобусым ар тIощIрэ ихьащ икIи сабийхэр, цIыхубзхэр, лIыжь-фызыжьхэр ажалым къыIэщIихащ.

Абы и щыгъыным мафIэ къыщIэнат, щIалэр къагъэувыIэну, афIэкIа мафIэм хэмыхьэну цIыхухэр елъэIурт, ауэ аргуэру Стефан ажалым пэщIэувэрт, и щхьэр нэгъуэщIхэм узыхь яхуищIу. Адыгэ щIалэм и псэр нэгъуэщIхэм я гъащIэм, я насыпым щIитащ.

ЩIалэ хахуэм хуагъэува фэеплъым тетхащ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Сэ мафIэм сисми, нэгъуэщIхэм нуру сахуоблэ». Болгарием и ЛIыхъужь Черкезовым и цIэр нобэ зэрахьэ ар щылэжьа сымаджэщым, ЩэнхабзэмкIэ унэм, Софиерэ Варнэрэ дэт медицинэ институтхэм я аудиториехэм. ЩIалэм фэеплъ пхъэбгъу щыхуагъэуващ Стрелец къуажэм, Велико-Тырновэ, Софие къалэхэм. УсакIуэ Iэзэ Димитровэ Благэ Черкезовым поэмэ хуитхащ.

Черкезовым къигъэлъэгъуа хахуагъэр болгар щIалэгъуалэм щапхъэ яхуэхъуащ. Абыхэм мызэ-мытIэу къахэкIащ адыгэ щIалэм и гъуэгум ирикIуахэр: цIыхубэ насыпым зи гъащIэр тыхь хуэзыщIахэр.

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться: