«Зэманым и гъуджэ»ТхылъыщIэ А фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ дунейм къытехьащ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ я жэрдэмкIэ дунейм къытехьа тхылъым къэралыбзищымкIи (адыгэбзэ, урысыбзэ, балъкъэрыбзэ) тхэ щIалэгъуалэм я усыгъэрэ Iуэтэжрэ щызэхуэхьэсащ. - Хьэх Сэфарбий и жьауэм щIэту лэжьа «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм хэтхэм я IэдакъэщIэкIыр щызэхуэхьэсауэ «Шыхулъагъуэм и вагъуэхэр» тхылъыр дунейм къызэрытехьэрэ илъэс 12-м щIигъуащ,- щетх тхылъым и псалъэпэм ар дунейм къытехьэным хуэзыгъэхьэзыра, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарь, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ НафIэдз Мухьэмэд. - КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и нэIэ щIэту абы лъандэрэ зы тхылъи дунейм къытехьакъым. Ар ухэзыгъаплъэщ. Дыщыгугъынщ ди щIалэгъуалэм я тхылъхэр щIэх-щIэхыу къыдэгъэкIыныр нэхъ зэтеубла хъужыну. Зи хъэтI зиIэжу зи IэдакъэщIэкIхэр мы тхылъ цIыкIум ихуахэми лъэужь дахэ лъэпкъ литературэм къыханэну гугъэфIхэр уагъэщI. Къыхэгъэщыпхъэщ абыхэм республикэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм щылажьэхэр зэрахэтыр, я зэфIэкI ягъэлъагъуэу я тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ утыку къызэрырахьэр, тхылъ щхьэхуэ къыдэзыгъэкIахэри щыIэщ. Ахэр ди тхакIуэ, усакIуэ, критик щэджащэхэм яужь иувэну дащогугъ, - жеIэ НафIэдзым. Лъым дэщIыгъуу лъэпкъым и гъащIэр къыпызыщэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм бзэри ящыщщ. Бзэр лъэпкъым къызэригъэсэбэпым, абыкIэ Iуэху зэрищIэм елъытащ и къэкIуэнур. Абы и лъэныкъуэкIэ тхакIуэхэм къалэн щхьэхуэ ягъэзащIэ, абыхэм литературэбзэр яхъумэм, зрагъэужьым и мызакъуэу, цIыхубэм ар фIыуэ егъэлъэгъунымкIэ пщэрылъ щхьэхуэ яIэщ. Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа тхылъыр къызэрызэIупхыу, узыIуплъэр адыгэбзэщ. Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэ - Гугъуэт Заремэ, Къумахуэ Аслъэн, Щомахуэ Залинэ - сымэ я IэдакъэщIэкIхэр абы зэрихуар. Тхылъым и адыгэбзэ Iыхьэм я тхыгъэ итщ ди тхакIуэ ныбжьыщIэхэу: Хьэвжокъуэ Людмилэ, Бабыгуей Сосрыкъуэ, ГъукIэ-Мэремкъул Маринэ, КIарэ-Чэрты Альбинэ, Къанкъул Рае сымэ. Сыт тхакIуэ ныбжьыщIэхэр зытетхыхьыр? Куэдым къазэрыщыхъуу лъагъуныгъэ защIэкъым, пэжщ, апхуэди хэтщ, ауэ тхыгъэхэм я IыхьэфIыр цIыху зэхущытыкIэм, насыпым, цIыхухэр гъащIэм зригъэувэ щытыкIэм къызэрикIыфым, гуапагъэм, нэхъыжь-нэхъыщIэ зэдэгъуэгурыкIуэхэм нэгъуэщI куэдми теухуащ. «Узэгугъу - къогугъуж», - жиIащ пасэрейм. ЩIэблэм апхуэдэ гулъытэ хуэзыщIахэм фIыщIэ яхуэфащэщ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|