ЩIымахуэ лъэхъэнэм хуагъэхьэзыр

ЩIымахуэ лъэхъэнэм Ставропольем, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэ­рэ­шей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ - Ала­нием, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэ­ным я къэрал гъуэгухэм шынагъуэншэу икIи щIызэхуащIын хуей щхьэусыгъуэ къыхэмыкIыу ущызе­кIуэ­фын папщIэ Гъуэгухэм якIэлъып­лъынымкIэ «Кавказ» IуэхущIапIэм и гъуэгу лэжьакIуэ 800-м щIигъу а IэнатIэм пэрытынущ, абыхэм къагъэсэ­бэпынущ техникэ хэхауэ 516-рэ. АбыкIэ хъыбар къидигъэщIащ IуэхущIапIэм и пресс-IэнатIэм и лэ­жьа­кIуэ Тхьэмокъуэ Миланэ. 

Гъуэгу техникэм хохьэ: машинэ зэ­мылIэужьыгъуэу 254-рэ, автогрейдеру 61-рэ, уэсытхъуу 5, экскаваторрэ погрузчикыу 85-рэ, бульдозер 16, шэрхъым тет трактору 42-рэ, дэIэпыкъуэгъу техникэу 53-рэ. Лэжьыгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъын икIи и чэзум щытыкIэхэр ягъэ­зэкIуэжын папщIэ техникэхэр пащIащ «ГЛОНАСС»-р зи лъабжьэ «Дор­тран­снавигация» зэры­кIэлъыплъ систе­мэм. Гъуэгу техникэ гъэувыпIэ 60-рэ лэжьакIуэхэм папщIэ пэш ­хуабэ 55-рэ къызэрагъэпэщащ.
Гъуэгур щыщтырыгъум деж тракIутэ пшахъуэмрэ шыгъумрэ щызэхалъхьэ базэ 51-м. НобэкIэ апхуэдэ зэхэлъу тонн мини 155-рэ ягъэхьэзыращ, ар дызы­хуэ­кIуэ щIымахуэм кърибыдэу зыхуэны­къуэ­нум и процент 90 мэхъу. Дунейм щытыкIэ къызэрымыкIуэ къыщыхъумэ, гъуэгу лэ­жьакIуэхэм къагъэсэбэпынущ шыгъуу процент 50-м нэс зыхэлъ, Iу­мы­лыр зыгъэткIу материалхэр. «Кавказ» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм фIагъым кIэлъы­плъынымкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIхэм гъуэгухэм тракIутэ зэхэлъхэр физико-­химие, технологие я лъэныкъуэ­кIэ зыхуэ­дэр лабораторэхэм къыщап­щытэ. ЩIымахуэ лъэхъэнэм гъуэгухэм зыгуэркIэ ныкъусаныгъэхэр ягъуэтмэ е асфальтыр зэрагъэпэщыжын хуей хъу­мэ, абыхэми къы­хуагъэсэбэпыну материалхэр хуагъэ­хьэзыр. Уэсыр куэду къы­зытрихьэнкIэ шынагъуэ здэщыIэ гъуэгу Iыхьэхэм уэсыр къэзыгъэувыIэ ухуэныгъэхэр щагъэув. ЩIымахуэм зыхуэгъэхьэзырыным епха лэжьыгъэхэр 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу зэ­фIа­гъэкIыну я мурадщ. 
ЩIыIэ къызэрыхъунум хуагъэхьэзыращ IэрыщI ухуэныгъэхэмрэ псы дэжыпIэ­хэм­рэ. КИФЩI-м и щIыналъи­блым апхуэдэу лъэмыж 503-рэ, тоннель 13, уэсукхъуэм пэ­щIэтын галерееу 5, лъэс зэпрыкIыпIэу 33-рэ, псы зрикIуэ бжьа­мий 2964-рэ щыIэщ.
Дунейм и хуабагъ-щIыIагъым, гъуэгум телъ асфальтобетоным и температурэм, жьым и псынщIагъэмрэ ар здепщэ лъэныкъуэмрэ къапщытэн папщIэ метеостанцэ 85-рэ ягъэуващ. Гъуэгухэм кIэлъыплъы­нымкIэ «Кавказ» IуэхущIапIэм и лэ­жьакIуэхэр жэщ-махуэ ямыIэу ядолажьэ МЧС-м, ГИБДД-м я управленэхэмрэ «Гидрометеорологиемрэ къэ­зыу­­хъуреихь ­дунейм кIэлъыплъынымкIэ Кавказ Ищхъэрэ управленэ» ФГБУ-мрэ. 
«Кавказ» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм апхуэдэуи жэщи махуи щолажьэ дис­петчер IэнатIэм и телефоныр: +7 (8793) 33-11-59. 
Псори зэхэту «Кавказ» ФКУ-м и нэIэм щIэтщ Урысей Федерацэм и КИФЩI-м и щIыналъиблым кIуэцIрыкI къэрал автомобиль гъуэгухэу километр 2877,5-рэ. Апхуэдэу абы къызэщIеубыдэ Ставрополь крайм щыщ километр 828-рэ, Дагъыс­тэным - 688-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым - 386,5-рэ, Шэшэным - 336-рэ, Къэрэшей-Шэрджэсым - 326-рэ, Осетие Ищхъэрэ - Аланием - 270-рэ, Ингушым - 42,5-рэ зи кIыхьагъ гъуэгухэр. 

МЭЗКУУ Къан.
Поделиться: