Хабзэм тетыным хуаущийУрысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм щрагъэкIуэкIащ щIэпхъаджагъэ мыхьэлъэ зылэжьахэм ящыщу жылагъуэм пэмыIэщIэу яIыгъыну суд зытращIыхьахэр терроризмэмрэ экстремизмэмрэ хамышэным, апхуэдэуи ахэр къытрагъэзэжу хабзэм емыбэкъуэным хуэзыущий Iуэху щхьэпэ. Абы хэтащ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и унафэщIым и къуэдзэ Болэ Айвар, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Джэдгъэф Аслъэн, УФСИН-м и инспекцэм и унафэщIым и къуэдзэ КIуэкIуэ Алим. Абыхэм суд зытращIыхьахэм гурагъэIуащ гъащIэм щзыщытетын хуей хабзэ нэхъыщхьэхэр, ислъамым къигъэувхэм я мыхьэнэмрэ лъапIэныгъэмрэ. Дин лэжьакIуэхэм къызэхуэсахэр къыхураджащ ислъамыр щаджкIэ набдзэгубдзаплъэу щытыну икIи абы фIыуэ хэзыщIыкIхэм я чэнджэщхэм тетыну, упщIэ яIэмэ еджагъэшхуэ Iимамхэм зыхуагъэзэну. Апхуэдэуи тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэр гъэсэн, нэхъыжьхэм пщIэ яхуэщIын, унагъуэм зэгурыIуэныгъэ илъын зэрыхуейм, нэгъуэщIхэми. Суд зытращIыхьахэм упщIэхэр я куэдти, дин лэжьакIуэхэм абыхэм жэуап иратащ. Iуэхум хэтащ суд зытращIыхьауэ Налшык къалэм тезырхэр гъэзэкIуэжынымкIэи къудамэм и учётым щыту 13, абыхэм ящыщу 6-р судым ирашэлIащ террорист, экстремист щIэпхъаджагъэхэм зэрапыщIам къыхэкIыу.
Поделиться:
Читать также:
29.03.2024 - 11:32 →
Гъатхэм дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэр
28.03.2024 - 14:02 →
Хьэршыр и плъапIэт
28.03.2024 - 13:01 →
Гум имыхуж гъатхае
28.03.2024 - 11:00 →
ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ
28.03.2024 - 10:59 →
Я къаруи зэфIэкIи ирахьэлIэ
|