Лъэпкъым и къарур и бзэрщ

Лъэпкъым и къарури и тIасхъапIэри и бзэращ. Анэдэлъхубзэрщ лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр, и пщIэр зыIэтыр. Сыт нобэ ди бзэм и Iуэху зыIутыр, жыпIэмэ, узэгупсысын хэлъщ. Абы куэд тражыIыхьащ щIэныгъэлIхэми, тхакIуэхэми, тхыдэджхэми. Уигъэгупсысэу, мыхьэнэ хэлъщ Ехъутэныдж Хьэсэн бзэм и Iуэхум теухуауэ жиIауэ щытахэм. Анэдэлъхубзэм и къарур къэIэтыжынымкIэ хэкIыпIэу щыIэхэм деплъыжыну си гугъэщ «Уи бзэр уимыIэжмэ…» жиIэу итхауэ щытар дигу къэдгъэкIыжмэ.

«Псыжь зыгъэпсыжьыр Тебэрдыщ» - жаIэу щытащ адыгэхэм. Абы ещхьыркъабзэу, лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр и бзэрщ. Бзэр лъэпкъым и псэщ. «Бзэ» псалъэр «псэ» псалъэм пэгъунэгъущ, абы и мыхьэнэм поджэж. Дунейм бзэ куэд тетми, ди деж хуэдэу «бзэ», «псэ» псалъэхэр фонетикэкIэ щызэгъунэгъу яхэткъым.

Лъэпкъ цIыкIухэр лъэпкъышхуэхэм яхошыпсыхьыж. Къапщтэмэ, индеец лъэпкъхэм ящыщ куэдым инджылызыбзэрэ испаныбзэрэ фIэкIа ящIэжыркъым. Ахэр апхуэдэу ящIащ. Дэри ар ди натIэ мыхъуну пхужыIэнукъым, ди анэдэлъхубзэр дымыхъумэжмэ. А шынагъуэр ди бжаблэми къэсащ. Псом хуэмыдэу ар нэрылъагъу щохъу ди къалащхьэм. Налшык дэс адыгэ унагъуэхэм къихъуэ сабийхэм я нэхъыбэм адыгэбзэр ящIэжыркъым. И бзэм хуэмеижым адыгэ хабзэр сыту ищIын? Ари хыфIадзэж, зыхуэмеиж хьэпшыпыжьхэм, щыгъыныжьхэм хуэдэу. Унагъуэм ис нэхъыжьхэми зыри жаIэркъым. ЖаIэн дэнэ къэна, я бынхэм, я бынхэм я быныжхэм урысыбзэр фIыуэ зэращIэм ирогуфIэ, ирогушхуэ. Щхьэ мыхъурэ адыгэбзэри урысыбзэри ящIэ? Уи анэм къыбдилъхуа бзэм пщIэ хуумыщIыжмэ, уи щхьэр бгъэпудыжу аракъэ! Уэ уи щхьэм пщIэ хуумыщIыжмэ, нэгъуэщIым къыпхуищIыну?

Иужь зэманым адыгэхэм я сабийхэм адыгэцIэ фIащыжыркъым. Хамэ къэрал кинохэм хэт лIыхъужьхэм я цIэхэр къыхах. Къалэ еджапIэхэм щIэсхэм я нэхъыбэм уеблэмэ я унэцIэр, адэцIэр адыгэбзэкIэ яхужыIэркъым. Сэ мыр къэзгупсысауэ аракъым. Налшык къалэ дэт еджапIэ зыбжанэм дыщепсэлъат еджакIуэ цIыкIухэми, ди жагъуэ зэрыхъущи, пэщIэдзэ классхэм щеджэхэм дэнэ къэна, класс нэхъыжьхэм кIуэхэми я адэшхуэхэм, я анэшхуэхэм я цIэхэр, ахэр зыщыщ, зыщыпсэу къуажэхэр ящIэркъым, я лъэпкъым и тхыдэм и къежьапIэм я гугъу умыщIыххи. Апхуэдэу си жагъуэ хъуащ псалъэжь, къуажэхь е нартхэр зищIысыр зыщIэу еджакIуэхэм куэд къазэрыхэмыкIар. «Адыгэ лъэпкъ пщыкIутIыр хэт къытхурибжэкIын?» щыжытIэм, ар яфIэгъэщIэгъуэну къыдэплъа фIэкIа, яхужыIакъым.

НэхъыкIэжыращи, дызэпсэлъа еджакIуэ цIыкIухэми, абыхэм я адэ-анэхэми, ди унафэщIхэм я нэхъыбэми къалъытэ адыгэбзэм дыхуэмеиххэу икIи ар ябзыщIыркъым.

Адыгэбзэр къэралыбзэу щагъэувам дыгуфIат, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, а Iуэхур кIуэтакъым. Ди республикэм ди бзэхэмкIэ Iуэху лъэпкъ щызэрахьэркъым. Школхэм анэдэлъхубзэм хуащIу щыта пщIэми кIэрыхуащ - ар кIуэ пэтми нэхъ мащIэ ящI. Адрей предметхэм я ужькIэ ягъэув. Япэу е етIуанэу щытын хуей адыгэбзэр икIэ дыдэм пхьыныр си щхьэкIэ къуаншагъэу къызолъытэ. «Хрюшка», «Хрюн», «Степашка», «Шрек» сымэ щIапIыкIа сабийм дауэ и фIэщ пщIыфыну нартхэм яхэлъа акъылыр? Абыхэм ятеухуа хъыбархэм хэлъ гупсысэ телъыджэр, зэрытха бзэм и дахагъыр дауэ зыхебгъэщIэну? Языныкъуэ школхэм, сабий садхэм я унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр а зи гугъу сщIыхэм зыкIи хуеиххэкъым. Арыншэми абыхэм я Iуэхур докI, кIэрыщIэн (езыхэм къызэралъытэмкIэ) сыту ящIын?

Ди деж хуэмыдэу, хамэщI щыпсэу адыгэхэм я гур нэхъ хуэмыгъуэу, нэхъ сакъыу адыгэбзэр яхъумэу щытати, иджы абыхэми а Iуэхур Iэпэдэгъэлэл ящI. Адыгэбзэр щокIуэдыж ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэми.

Ди бзэр зэрыкIуэщIымкIэ къуаншэр ди унафэщIхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ я закъуэкъым. АбыкIэ къуаншэщ адыгэ интеллигенцэри, адэ-анэхэри, егъэджакIуэхэри. Ярэби, адыгэ щIэблэм я щIыхуэ, я щIыхуэшхуэ къыттемыхуэну пIэрэ?

Сигу къокIыж мыпхуэдэ зы Iуэху. Налшык къалэм и уэрамхэм ящыщ зым си япэ иту адыгэ хъыджэбзищ ирикIуэрт. Псалъэхэрт, дыхьэшхырт, Iэджэми я щхьэфэ иIэбэхэрт. Зым, адрей и ныбжьэгъухэм захуегъазэри, жеIэ:

- Ей, адыгэбзэкIэ дывмыгъэпсалъэ.

- Сыт щхьэкIэ?

- ПщIэжыркъэ школым адыгэбзэмкIэ дыщезыгъэджам къалэм фыдэту адыгэбзэкIэ фымыпсалъэ, емыкIущ къыджиIауэ зэрыщытар?

- Куэду фIыщ жиIамэ. Дэ хамэ щIыпIэ дыщыIэкъым, дыхуиткъэ ди бзэкIэ дыпсэлъэжыну? ЗыфIэемыкIур къремыдаIуэ.

Ещанэм зыри щыжимыIэм, тIэкIу сфIэемыкIуми, нэхъ гъунэгъу зысщIащ, жиIэнIауэ сыпэплъэу…

- Сэ дапхуэдэми содэ, зыщIыпIэ дей дыкъагъэувыIэрэ пирожнэми морожнэми зыгуэр дагъэшхмэ, - жиIащ я ещанэми.

Унэм сыкъэкIуэжа нэужь, сэ абы куэдрэ сегупсысащ. КъызэрысфIэщIамкIи, языныкъуэхэр адыгэбзэ хуейщ, адрейхэр абы хуэныкъуэкъым, Ещанэхэр я бзэкIэ псалъэми мыпсалъэми, ар яIэми ямыIэми ядэ, я ныбэ изу шхэ закъуэмэ. Абыхэм сыздегупсысым, си гурыгъухэм я жэуап фIэкIа умыщIэну, телевизорым къигъэлъагъуэрт Прибалтикэм щыпсэу урысхэмрэ ахэр зыхэс лъэпкъхэмрэ зэпэщIэувауэ зэрызэдауэр, а зэдауэм уэрамым къыщыщIидзэри, парламентым нэсат. ЩIызэныкъуэкъури, я бзэм хуиту ирипсэлъэну, ар яхъумэжыну хэту арат. Тхьэм и шыкуркIэ, дэ ди бзэр зыми къытпиубыдыркъым, ди акъылыншагъэкIэ дэр-дэру дгъэбиижу аращ, къызэрызгурыIуэмкIэ, ар куэдкIэ нэхъ шынагъуэщ.

Дэ школ куэдым дыщыIащ. Абыхэм я унафэщIхэм депсэлъащ. Я унафэщIхэми яхэтщ адыгэбзэр зэрыхуа щытыкIэм иригузавэ. Иныкъуэхэм дагъэлъэгъуащ адэ-анэхэм зыкъызэрыхуагъэза лъэIу тхылъ: «СыныволъэIу си сабийр адыгэбзэ дерсым фымыгъэкIуэну, абы адыгэбзэ ищIэркъым». Апхуэдэхэм сеупщIыну сыхуейт: адыгэбзэ зыщIэ фи гъунэгъу сабийр дэнэ къикIа? Фи хьэблэм къыщыхъуакъэ, фи сабийр здэщыIа садым щыIакъэ, ар зыщIэс еджапIэми щеджэркъэ? Адыгэбзэ зыщIэ цIыкIухэр нэхъ хабзэншэ, нэхъ щIэныгъэншэ? СощIэ жэуап къызэрырамытыфынури, сыту жыпIэмэ, абыхэм заумысыжын хуей хъунущ я унагъуэм адыгэбзэкIэ зэрыщымыпсалъэмкIэ.

Зыгъэхьэзырар НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ.
Поделиться: