Бжьыхьэ дыгъэпс

Дунейм и дахэгъуэщ. Къытепсэ бжьыхьэ дыгъэр фIэбэмащIэу, шындэбзиймкIэ щопэщащэ  Зулэ.

…« Гъатхэ дыгъэр си нысэм тиупси, бжьыхьэ дыгъэр си пхъум тиупсэ»,-жызыIам и Iуэху зыIутар тхьэм ищIэнщ, ауэ жыпIэнурамэ, хэлъщ  а бжьыхьэ дыгъэпсым нэсу дызыщымыгъуазэ къару щэху гуэр. Псоми ухуэнэплъэIусынри Iэмалыншагъэкъым… чыхум хыхьэжа гупсысэхэм здыхэтым, хьэнцейгуащэ къезышэкIхэм я макъ къызэхихащ. Телъыджэш, Зулэ къыхуэгубзыгъыжыркъым иужь дыдэу хьэнцейгуащэ щилъэгъуар. ИIыгъ пщIантIэ жыхапхъэр хыфIидзэри, макъыр къыщыIу куэбжэпэмкIэ жащ.

 - Хьэнцейгуащэ… мамэ, хьэнцейгуащэ кърашэкI, Iей, зэхэпхыркъэ?-здэжэм Iэ хуещI пщIантIэкум ис и анэми.

- Сыт бжьыхьэ хьэнцейгуащэ мыгъуэ?-къыфIигъэкIакъым адрейм, арщхьэкIэ гъэщIэгъуэн къыщыхъужа, хуэм цIыкIуурэ куэбжэм гъунэгъу зыхуищIауэ хуэм цIыкIуу яхукъоплъ.

- Псы ятепкIэнур къащтэ, къыщыкIуакIэ, тобэ ирехъуи, укъагъанэу IукIыжынкъым ахэр, -кIэлъидзащ абы ипхъум, и ежэжьэкIар фIэауану. Псы пэгун ныкъуэ иIыгъыу Зулэ зыхудэкIахэр куэд хъуртэкъым, цIыкIу зытхухт зэхэтыр.

 Аддэ я сабиигъуэм сыт хуэдэу гупышхуэ зэрыгъэхъурэт ахэр, хьэблэм дэс нанэхэм хьэндыркъуакъуэ хуэпар яIыгърэ, ину тхьэм елъэIухэу: «Хьэнц, хьэнц, Хьэнцейгуащэ зыдо-о-шэ, ялыхь, уэшх къегъэщэщэх…» Апхуэдэрыххэурэ хьэблэ-хьэблэр къызэхакIухьырт. Я хьэлъэр зэрырикъуу псыхъуэ ныджэшхуэм кIуэрти, а тхьэ зэрелъэIум хуэдэурэ, апхуэдизрэ кърахьэкIа хьэндыркъуакъуэ тхьэмыщкIэр псым хаутIыпщхьэжырт. ПхужымыIэным хуэдизт мо махуэ лыгъейм псы хуэлIа хьэндыркъуакъуэ тхьэмыщкIэм и щIэпхъуэжыкIэр. Дэтхэнэ зы сабиймкIи сыту гурыIуэгъуейт а псор: дауэ а хьэндыркъуакъуэ цIыкIум и щыгъынхэр зэрыщихыжынур?-абы щегупсыскIэ и гур хэщIыпэрт Зулэ.

 Хьэндыркъуакъуэ-псыхэгъапкIэр зэрызэфIэкIыу, пхъэжь мафIэ хьэрищэр абдеж щызэщIагъанэрти, жылэм къыщыхахар зэрызехьэу ныджэм щапщэфIырт: зы лъэныкъуэкIэ ху пIастэр, нэхъ адэIуэкIэ тхъупсым зэрихьэ кхъуейжьапхъэр, лэгъуп зэфIэдзэшхуэхэм къикъуэлъыкI шей къарэр… Сабийхэр ирагъэувэкIынт, фалъэ зырыз IэщIагъэувэнти, я IутIыжщ жыхуаIэрат. Сытуи IэфIыщэт удзыпцIэм хэсрэ псы Iуфэм Iусыжу, хьэблэ псом зэдашх ерыскъыр…

КIарцей щIагъым щызэхэува цIыкIухэм зэуэ яхэплъащ Зулэ, псыр зытрикIэну хьэнцейгуащэр нэкIэ къилъыхъуэу - яхилъагъуэркъым. «Фи хьэнцейгуащэр-щэ?- жиIэу щыщIэупщIэм, псоми я Iэр зымкIэ яшиящ: мо и дзапэфIанэ цIыкIуитIыр Iумытыжрэ, дуней гуфIэгъуэр и нэгум къищу щытт зы цIыкIу. Елъытауэ пIэрэт цIыхур апхуэдизу лъагъугъуафIащэу къыпщыхъунри бжьыхьэ дыгъэм… щыгъын тIэкIум псыр къыпож, езы цIыкIур щIыIэм игъэдиящи, зэщIокIэзызэ. ИтIани, мэгуфIэ, зыри къэмыхъуам хуэдэу. Абы нэхъ IэмащIэлъэмащIи яхэтткъым гупым. Сабиигъуэм къыхэна хьэндыркъуакъуэ цIыкIур аргуэру и нэгу къыщIэуващ Зулэ.

Псыр мы цIыкIум тескIэнкъым, арыншами щIыIэм евгъэсащ жиIэри, нэхъ яхэкIуэтауэ щыт хъыджэбз цIыкIумкIэ пэгуныр игъэзащ.

- КхъыIэ сэ къыстомыкIэ,- лъэIуащ ар,- сщыгъ бостейр щIэщ, къысхуащэхуа къудейуэ…

- Сэ къыстекIэ, сэращ хьэнцейгуащэр,- и макъ щабэр  зэхэпх къудейуэ къэкIуэтащ  цIыкIунитIэр, аргуэру гур щIэгъурэ и гуфIэкIэм узэIэпишэу. ТIум языхэзми псыр ятрикIэну Зулэ и Iэр пекIуэкIакъым - зыр бжьыхьэ хьэнцейгуащэт, адрейм и бостейр щIэрыпст. Къахудиха сомыр яIэщIилъхьащ.

- Си бостейм уехъуэпсати, мис иджы уэри мы ахъшэмкIэ къыпхуащэхункъэ… ар къыжраIэурэ Iуашыжа цIыкIур аддэ щынэсыжами, къызэплъэкIыурэ гуфIэрт, псыр къыпыжми, бжьыхьэ дыгъэпсу.

 

 

 

 

 

Лъостэн Музэ.
Поделиться: