УФСБ-м къет

Сом мелуани 6,7-рэ хъу хэщIыныгъэ
Лъэпкъ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр зэхэдыгъуэным зэрыпэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм яубыдащ абы пыщIа щIэпхъаджагъэ зылэжь, Лэскэн районым щыпсэур.
АбыкIэ хуит зыщI тхылъхэр имыIэу «Лэскэн мэзхоз» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм хыхьэ Урыху мэзым жыгхэр щриупщIыкIырт. ЗэкIэ къызэрыщIагъэщамкIэ, абы сом мелуани 6,7-рэ хъу хэщIыныгъэ иритащ IуэхущIапIэм.
Шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьам илъэси 7-м нэс щытралъхьэ щыIэщ.
Наркотикхэр ирагъэкIыну я мураду
НаркотикхэкIхэр хабзэм ебакъуэу ирагъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм яубыдащ азие курыт республикэхэм язым щыщ, наркотикхэкIхэр игъэкIыным пыщIа цIыхухъуитI.
Ахэр къыщащым къытрахащ «героин» грамми 180-м щIигъурэ «метадон» грамм 24-м нэблагъэрэ зэрылъ полимер зэкIуэцIышыхьауэ I94-рэ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIыну я мурадт.
Абыхэм япэIуэкIэ яубыда, наркотикхэкIхэр ди республикэм къишэным икIи щIигъэкIыным пыщIари азие курытым щыщщ.
Шэч зыхуащIыр къапэщIэхуащ Налшык къалэм афияныр щигъэтIылърэ пэт. Езыри пIалъэкIэ щыпсэу щIыпIэри къыщащым къытрахащ «героин» грамм 485-рэ зэрылъ полимер зэкIуэцIышыхьауэ 161-рэ, полимер пакети 2, пластик птулъкIэ.
Абыхэм ятеухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьар илъэс 20-кIэ ягъэтIысынкIэ хъунущ.

Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу