Къандурым и романыщIэр – урысыбзэкIэ

 2016 гъэм инджылызыбзэкIэ дунейм къытехьауэ щытащ иджыблагъэ Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIа, Къандур Мухьэдин и «Кабардин» романыр.
 «Адыгэхэм жыжьэ дыдэ Iэбэ тхыдэ бей яIэщ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ар нобэр къыздэсым ирикъуу тхыжа хъуакъым. Ди лъэпкъым и блэкIар зэфIэбгъэувэжын папщIэ, дунейпсо архивхэм гупсэхуу ущылэжьэн хуейщ, - щетх Мухьэдин тхылъым и пэублэм. - Мы романыр мис апхуэдэу ди тхыдэм имыхуа зы напэкIуэцIщ. Абы лъабжьэ хуэхъуа хъыбар фIэщщIыгъуейм къыхощ адыгэшыр урым тепщэ Аврелий Марк Инджылыз Ищхъэрэм щыщыIа I47 гъэ лъандэрэ зэрацIыхур».
Тхылъыр литературэ хуэIухуэщIэу зэрыщытым къыхэкIыу, куэдым шэч къытрахьэ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуа Iуэхугъуэхэм тхыдэм щыхьэт зэрыщаIэм. Гупсысэм къыпещэ урыс къыдэкIыгъуэм елэжьа редактор Котляров Виктор:
«I73 гъэм екIуэкIа Маркоман зауэхэр жыхуаIэр урым император Аврелий Марк и цIэм ирапх. Абы сарматхэмрэ синдхэмрэ хигъэщIа иужь, сарматхэм я пащэ Зантик къуэды папщIэу шу зэгъэпэща 5500-рэ къыIихауэ щытащ. Инджылыз Ищхъэрэм хыхьэ Адриан и Iуащхьэм яшат а шухэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр хуэмурэ щIыналъэм щыпсэухэм яхэшыпсыхьащ, урымхэр иужькIэ икIыжа щхьэкIэ, мыбыхэм я бжыгъэшхуэ Йоркшир щIыпIэм къинауэ щытащ.
ЗэрыфщIэщи, сарматхэмрэ синдхэмрэ я хэкур Кавказырщ. Абы щыгъуэ щIыналъэм ираша шы гупрауэ хуагъэфащэ Инджылызым щызэрахуэ шы лъэпкъыжьхэм язу «кливленд пцIэгъуэплъ» жыхуаIэр къызытехъукIар. А гупсысэр щIегъэбыдэ адыгэшым ди зэманым нэхъ жыджэру елэжь щIэныгъэлIхэм яз, «Урысей хабзэхэр къызэригъэщIэрэщIэжым папщIэ» Столыпин Пётр и цIэр зезыхьэ жылагъуэ саугъэтыр 20I9 гъэм зыхуагъэфэща, Шы гъэхъунымкIэ урысейпсо щIэныгъэрылажьэ институтым и Налшык къудамэм и унафэщI Амщокъуэ Хьэжысмел:
- I990 гъэм шыгъажэ тщIыуэ, Инджылызым къикIри, хьэщIэ гуп къэкIуауэ щытащ республикэм, – игу къегъэкIыж Хьэжысмел. - Малкэ шы заводым щедгъэблагъэм, шыгъажэ кIыхь зэпеуэ (километр 80) тщIауэ щытат, а зэпеуэм Инджылызым щыщу шууеищ хэтащ. Абы щыгъуэм Инджылызым къикIа гупым яхэтащ Iэщ дохутыр Паворд Тони, Лондон къыщыдэкI «Райдинг» журналым и редактор нэхъыщхьэ Скотт Хеллен, Инджылызым шыгъажэ кIыхьымкIэ и гуп къыхэхам щыщ, Шотландием къикIа Камерун Кенди сымэ, нэгъуэщIхэри. Ахэр къыщIэкIуар адыгэшым и зехуэкIэр, и гъэхъукIэр зрагъэщIэнырт. Паворд Тони си гъусэу зэхьэзэхуэ екIуэкIым и хеящIэу (судьяуэ) щытащ абы щыгъуэ.
Куэд хэтащ а зэхьэзэхуэм, ауэ щхьэхуэу зэпеуахэщ инджылызымрэ ди республикэмрэ щыщу шу щырыщ, псори адыгэш тесахэщ, пхъэидзэкIэ къыхахауэ. Япэ увыпIэр шыгъажэм къыщихьат адыгэ хакIуэ Къарэ. Ар Стокгольм къызэрикIыжрэ мазэ хъуауэ арат, километри I60-рэ зи кIыхьагъ шыгъажэм - япэрей Дунейпсо олимп шыгъэджэгу зэпеуэм хэтауэ. Шыгъажэ нэужьым, ди хьэщIэхэм къыджаIащ ипэжыпIэкIэ Къарэ и фIыгъэкIэ къызэрыкIуар, адыгэш нэхъыбэу зрагъэцIыхуну хуейуэ. ЗэрыжаIэжамкIэ, а хакIуэм Стокгольм занщIэу гу щылъатат, зэхьэзэхуэр здекIуэкIым. Япэрауэ, шууейм зыри дэIэпыкъуэгъу и гъусэтэкъым, адрей къыпеуэхэм тIурытI-щырыщ зимыгъусэ яхэттэкъым: хэт псы иригъафэрт, хэт шыр игъэупщIыIурт, псы трикIэурэ, хэт игъашхэрт. Километр 80-м япэ увыпIэм иту нэсащ Къарэ, чемпион хъуа американкэм и гъусэу. Абы иужькIэ налыр мывэ гъуэгум щыщIэхури, ар щIэзылъхьэжын имыгъуэтурэ, шууейм сыхьэтым нэс фIэкIуэдащ. ЯфIэгуэныхь хъури, гъуэгум къытена шууейм шведхэм нал гуэр къыхуагъуэтщ, Къарэ хущIалъхьэри, зэхьэзэхуэм хыхьэжащ. А зэманым зэхьэзэхуэм хэту къыпеуэ шыхэр километр I5 - 20-кIэ япэ ищакIэт. Шыгъажэр щиухым апхуэдизу къыкIэрыхуа Къарэ шы 89-м щыщу 3I-нэ увыпIэр иубыдащ. Ар зылъэгъуахэм ягъэщIагъуэри, Къарэ къызыхэкIа шы лъэпкъыр зрагъэщIэну къэкIуауэ арат. Малкэ щекIуэкIа шыгъажэ кIыхьыр иуха нэужь, хьэщIэхэр къыдэлъэIури, Малкэ заводым и шы гуартэхэм, нэгъуэщI къуажитI-щым я шы гуартэхэми едгъэплъащ, хуабжьуи адыгэшыр ягу ирихьат. ШыбзипщIрэ зы хакIуэрэ къащтэну мурад ящIри, зейхэми ягурыIуахэт. Абы иужькIэ Iэщ дохутырхэм шы къыхахахэм ятеухуауэ ирагъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэхэр ящIэри, шыхэр зэрашэным хуэдэу ягъэхьэзырауэ щытащ, ауэ бгъущI гъэхэм къэралым щекIуэкIа Iуэхухэм я щхьэусыгъуэкIэ яшэфакъым. Малкэ заводым и шы гуартэм дыщеплъым, инджылызхэм я Iэщ дохутыр Паворд Тони, сэри сыдэIэпыкъуурэ, шыбз 50-м я соку къыхэтчащ. Ахэр пакет цIыкIу зырыз иралъхьэри, яхьащ «генетическэ анализ тщIынущ» жаIэри. Зэман дэкIауэ, Паворд къитхащ адыгэшхэр зэрамышэфар игу къызэреуэр, къащта сокухэри Макс Планкэ и цIэр зезыхьэ институтым зэрыратар жиIащ. А институтым дуней псом псэущхьэуи къэкIыгъэуи щыIэм я ДНК-хэм я гъэтIылъыпIэр щызэхуэхьэсащ. Кливлендхэр нэхъ зытехуэ лъэпкъ щылъыхъуэм, ДНК щапхъэхэр къыщащтари а институтращ.
КъызэрыщIэкIымкIэ, зи къежьапIэ лъыхъуэ кливлендым и къудамэ мыхьэнэ нэхъ зиIэм и ДНК-мрэ адыгэшым еймрэ зэтехуащ. Мыбы бгъэщIэгъуэнур зы упщIэщ: кливленд шы лъэпкъым и лъабжьэр инджылызым щыкIуар (тхыдэм зэрыжиIэмкIэ) 173 гъэращ. 1990 гъэм Малкэ заводым адыгэшым къыIаха соку образецхэм къыхаха ДНК-р щхьэ техуэн хуей I73 гъэм Инджылызым икIа шы гуп «кливленд» зыфIащам?! Уегупсыс хъунущ: дэ тхузэфIэкIыну пIэрэ ди шы лъэпкъым и тхыдэр здынэсымрэ уи лъэпкъыцIэр зезыхьэ апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэ уиIэнымрэ я уасэр къыдгурыIуэжыну?! А Iуэхум щIэныгъэлIхэр нэхъ куууэ зэрелэжьын хуейр гурыIуэгъуэщ. Инджылызхэм нэмыщI, илъэсищ-плIы хъуауэ адыгэшым и геномыр къэгъэнэIуэным йолэжь Гумбольдт и цIэр зэрихьэу Берлин дэт университетым я генетикхэри, а къэхутэныгъэ Iуэхум теухуауэ къыддэлэжьэну хуейхэщ. КъыдэхъулIэмэ, иджыри къэс дымыщIауэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд ди лъэпкъышым теухуауэ нэрылъагъу хъунущ.
 Хьэжысмел зыкъыпищIауэ щытащ «Кливленд пцIэгъуэплъымрэ адыгэшымрэ зэрызэблагъэм и генетикэ тегъэщIапIэхэр» тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI инджылыз щIэныгъэлI Генри Эдмунд. Генри и унафэщIт зи цIэ къриIуэ инджылыз шы лъэпкъыр хъумэныр пщэрылъ зыщызыщIыж зэгухьэныгъэм. Тхыдэмрэ генетикэмрэ и тегъэщIапIэу, Эдмунд уи фIэщ ещI кливленд пцIэгъуэплъкIэ зэджэ инджылызышымрэ къэбэрдеймрэ зы шы лъэпкъым и къуэпс зырызу зэрыщытыр.
«Адыгэшыр слъагъуныр си дежкIэ телъыджэлажьэт. Планк Макс и институтым щIэлъ адыгэшым и ДНК-р кливленд шы лъэпкъым ейм ещхьыркъабзэщ. А тIур зэрызэпхам шэч закъуи хэлъкъым», - итхырт Генри.
А псор дигу къыщIэдгъэкIыжар Къандурым и романыщIэращи, ар зытепсэлъыхьыр тхакIуэм и нэгум къыщIыхьа хъыбар къэгупсысауэ зэрыщымытыр къызыфIэIуэхум ищIапхъэщ. Тхылъ 500 хъууэ «Кабардин»-р Налшык дэт тхылъ щапIэхэм, нэхъыбэу – Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм щывгъуэтынущ.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу