Хьэсаут

Мы фIэщыгъэр зытеIукIа жылэр а цIэ дыдэр зезыхьэ псы Iуфэм Iусщ. Гумрэ Балъкърэ хэлъэдэж псыхэр зэхэзыгуэшыкI сэнтхыщхьэу Къырылъэ шытхым хиубыдэм и зы папцIапIэ БырмамытI Iуащхьэм (метри 2592,3-рэ и лъагагъщ) ар километри 6-кIэ пэжыжьэщ. Къэрэшей - Шэрджэсым и зы щIыналъэу «Къэрэшей ЦIыкIу» зыфIащам и къуажащхьэ Учкекен километр 66-кIэ (гъуэгумкIэ) пэIэщIэщ.

Зэреджэр къызытепщIыкIам ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Къэрэшей лъэпкъым щыщ лъахэхутэхэм къызэралъытэмкIэ, «стауат (схауат)» - («хэщIапIэ, тIысыпIэ, егъэзыпIэ») псалъэу зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зыгъуэтам къытехъукIащ.

Мыбдежым къыщыхэдгъэщынщи, «”Хьэсаут” фIэщыгъэр адыгэбзэм къыхэкIагъэнкIэ зэрыхъунум егупсысакъым ахэр. Ауэ, тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэщи, Псыхуабэ ищхьэкIэ къыщылъ щIыгу зэлъыIухам адыгэхэмрэ абазэ лъэпкъым щыщхэмрэщ зэман кIыхьым къриубыдэу (хэти илъэс мин ныкъуэкIэ, хэти нэхъыбэжкIэ, жаIэ) щыпсэуар. Дауи, Урысей пащтыхьым и дзэлIхэм ахэр а щIыпIэм кърамыху щIыкIэ.  

Япэ дыдэу мы жылэ цIыкIум и цIэр къызэрыщыр Кавказым и щIыналъэгъэлъагъуэ картэу I842 гъэм зэхагъэуварщ. Абы зэритымкIэ, а фIэщыгъэ дыдэр зезыхьэ къуажэр Хьэсаут псым и тIуащIэм дэсащ. АрщхьэкIэ, иужькIэ ягъэхьэзыра картэхэм а жылэр итлъ\гъуэжыркъым, зэрыщымыIэжам и нэщэнэу. Мыдрейуэ къыхэдгъэщынщи, тхыдэм къызэриIуэтэжымкIэ, 1860 гъэхэм нэсыху а къуэ дыдэм нэхъ хуэегъэзыхыгъуэу дэтар Къэбэрдейм къина адыгэхэмрэ Псыжь адрыщIкIэ щыпсэуа ди лъэпкъэгъухэмрэ зэкIэлъызымыгъакIуэу, урысхэм хьэлэ папщIэу а Iэгъуэблагъэм щаухуа быдапIэхэм ящыщу «Летний Хасаутский» цIэр зытрагъэIукIарщ.

1865 гъэм, Урыс-Кавказ зауэр иуха иужькIэ, Къэбэрдейм къыщызэтена жылэхэр щызэгуагъэхьэжым, Хьэсаут и псыхъуащхьэхэм аргуэру къуажэ цIыкIу къыщызэрагъэпэщыжат. Абы, къэрэшейхэм я мызакъуэу, адыгэхэри, балъкъэрхэри, абазэхэри щыпсэурт. АтIэми, а жылэм дэсхэм я бжыгъэр хэхъуэ зэпытт, къыщыунэхужа щIыпIэр бгылъэ хъупIэхэм зэрапэгъунэгъум къыхэкIыу. ЗэрагъэхъыбарымкIи, а къуажэм а зэманым апхуэдизу зиужьати, 1920 гъэм ирихьэлIэу цIыху мини 2-м нэблагъэ дэсащ.

Совет властыр ягъэува иужь, Хьэсаут Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым хэту къалъытами, 1926 гъэм и пэщIэдзэм, къедза Iэгъуэблагъэхэри дэщIыгъуу, Къэрэшей-Шэрджэс автоном областым хагъэхьащ, абы къыхэкIыуи, адыгэу дэсахэм я нэхъыбэр къыдэкIыжат.

1943 гъэм и щэкIуэгъуэм къэрэшейхэр Азие Курытым щагъэIэпхъуэм, къуажэр нэщI хъуащ. 1957 гъэм Хьэсаут дэсахэм кърагъэгъэзэжа щхьэкIэ, я нэхъыбапIэм егъэзыпIэу къыхахыжар Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ адрей щIыпIэхэрщ. КъыдэтIысхьэжа закъуэтIакъуэри зэрыдэзэгъа щымыIэу, тIэкIу-тIэкIуурэ дэIэпхъукIыжащ. 1965 гъэм ирихьэлIэу Хьэсэут къуажэ Советыр зэхуащIыжри, Къэрэшей ЦIыкIу щIыналъэм щыщу нэхъ къыпэгъунэгъу Кичибалык жылэм ейм хагъэхьэжащ. Мы зэманым Хьэсаут дэсыр цIыхуи 100 иримыкъущ.

Мыри къыхэзгъэщынут. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Урысей къэралыгъуэм Кавказым зыщимыгъэбыдэ ипэ, псыхэу Гум ЦIыкIурэ Гумышхуэрэ къедза щIыналъэхэм, абазэхэр нэхъыбэу иса пэтми, къэбэрдеипщхэр щытепщэу щытащ. Абыхэм а щIыгур лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм и кIуэцIкIэ зэрагъэбгына щIыкIэри ухэзыгъаплъэщи, абы тепсэлъыхьыным мызыгъуэгукIэ яужь дикIынщ…

                                                                                   

                                                                         

ЛУЦЭ СулътIан.
Поделиться: