ЦIыкIу щхьэкIэ, къарууфIэщ

Дунейм тет псэущхьэхэм, хьэпщхупщхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм гъэщIэгъуэн куэд ядыболъагъу. Щхьэж иIэжщ и зэхэлъыкIэ, и сэбэпынагърэ зэраныгъэрэ, и хьэл-щэн. Псалъэм папщIэ, хъумпIэцIэдж фIэкIа инагъ зимыIэми мыхьэнэ иIэщ. 
ХъумпIэцIэдж гуащэ яхэтщ
ХъумпIэцIэджхэм псэупIэ ящI щIыр, мывэ лъабжьэхэр, пхъэ зэхуакухэр. Зы хъумпIэцIэджыгъуэм хъумпIэцIэдж мелуан хуэдиз щыпсэункIэ хъунущ. Абыхэм яхэтщ зэи гъуэр зымыбгынэ хъумпIэцIэдж гуащэ. ХъумпIэцIэдж гуащэр илъэс 30 хуэдизкIэ псэуфынущ, мыдрейхэм я пIалъэр илъэсищщ. 
КъарууфIэхэщ
ЦIыкIу щхьэкIэ, хъумпIэцIэджхэр егъэлеяуэ къарууфIэхэщ - езыхэм нэхърэ хуэдитхукIэ нэхъ хьэлъэ къаIэтыф, гъуэм яхьыф. ЛэжьакIуэшхуэхэщ, щхьэх ящIэркъым. ГъэщIэгъуэнщ: хъумпIэцIэджхэми IэщIагъэ яIэщ – зэхуэгуэшауэ щхьэж и къалэн егъэзащIэ. Хэт зигу къыдэмыжым йоIэзэ, хэт ухуакIуэщ, хэт шхын кърехьэлIэ, хэт псэупIэр ехъумэ.
ЗэрызэрыщIэ бзэ яIэщ
Зы хъумпIэцIэджыгъуэм щыпсэухэм езым я мэ яIэжщ – загъэгъуащэркъым, хъумпIэцIэдж хами зыхагъэхьэркъым. Жыжьэ IукIами, тыншу къыщIагъэзэжыфыр аращ. ХъумпIэцIэджхэр тэрмэшкIэ зэрощIэ: я пащIэр, е я Iэ-я лъэр зэжьэхагъауэ. ХъумпIэцIэджыр бгъэпIейтея нэужь, и щIыбагъ лъакъуэхэмкIэ мэуври, и ныбэр кърегъэпщ – абы зэрыгузаэр къокI. 
ЛIэужьыгъуэ куэд мэхъу
Дунейм хъумпIэцIэдж лIэужьыгъуэу мин I3 хуэдиз тетщ. Абыхэм ящыщу лIэужьыгъуэ 300-м Урысейм ущрохьэлIэ. 
ЗэфIэкI телъыджэхэр яIэщ
Нэхъ губзыгъэхэм хабжэ: я щхьэ куцIыр клеткэ 250000-у зэхэтщ. Махуэ бжыгъэкIэ псы щIагъым щыпсэуфынущ, псэууи къыхэкIыжынущ.
Зэрысэбэпыр
ХъумпIэцIэджхэр икIи сэбэпщ: щIыр ягъэпшэр. ХъумпIэцIэдж куэду ущрихьэлIэ щIыпIэм гъавэр бэв щохъу. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: