Мэз бабыщым сытекIуадэрт

Сэ щIыуэпсыр фIыуэ солъагъу, езыми сыкъелъагъу. Псалъэм папщIэ, гъавэ бэгъуакIэ сегъэгуфIэ. 
2010 гъэм сэ Iэгъэбэгу къэзгъуэтащ, и хьэлъагъэр килограмми 3-рэ грамм 200-рэ хъууэ. Нэгъабэ къысхуэкIа къэбым килограмм 25-рэ грамм 700-рэ къишэчащ. Гъэ блэкIам си хадэм щIымахуэ бэлыджэ бэгъуа къыщесхьэлIэжащ. Абыхэм ящыщ зым килограммрэ грамм 800-рэ и хьэлъагъыу къыщIэкIащ. Бжьыхьэм губгъуэм къыщысщыпа дэшхуэм, псори зэхэту, килограмм 300 и хьэлъагъщ. Ауэ иджы къэсIуэтэнур нэгъуэщI хъыбарщ. 
Нарткъалэ и махуэр ягъэлъапIэрт. Абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэ сыхэта иужькIэ, Комсомолым и цIэр зезыхьэ зыгъэпсэхупIэ хадэмкIэ сыкIуащ, жэп къехати, хьэцыбанэ, пыжь, барбарис, хьэмкIутI хуэдэхэр къыщысщыпын мурадыр сиIэу. Сэ а пхъэщхьэмыщхьэхэр согъэгъущри, абыхэм къащIихым шей папщIэу софэ. Сыт и лъэныкъуэкIи хущхъуэщ, сэбэпщ. 
Паркым и кIэм иIэ къуэкIийм метри 5-6 и кууагъэщ, псы цIыкIуи щожэх. И Iуфэр удз зэмылIэужьыгъуэхэм зэщIаблащ, адэкIэ-мыдэкIэ зэхэту къамыл гуэрэнхэри щыболъагъу. Абыхэм ящыщ зым зэрызыкъигъэхъейм гу лъыстащ. Сыплъэмэ, мэз бабыщ гуэр къыхэлъэтыкIыну къоIэ, йохуэхыж. 
Къуэм зыдызодзэри, бабыщымкIэ сопхъуэ, къыдэсхыну яужь сохьэ. Сытуи дахэ! КъызэрысфIэщIамкIэ, и хьэлъагъыр килограмми 3-м щIигъунут. Iэ сэмэгумкIэ ар быдэу сIыгъыу, ижьымкIэ удзхэм запысщIэурэ, къуэм сыкъыдокIыж. 
КIуэрыкIуэм тету си щхьэр къызоIэтри, джабащхьэм тету зы бажэшхуэ гуэр къызолъагъу. Си нэплъэгъуэм пэплъа фIэкIа умыщIэну, сызэрыIуплъэу ар къыстолъэ. Къэхъуар зэрызгъэщIэгъуэнур сымыщIэу, мыдрей лъэныкъуэмкIэ къыкъуэхутыкIа етIуанэ бажэри къызопхъуэ.
Сыгужьея щхьэкIэ, псэущхьэхэм закъыIэрызгъэхьэркъым: зэм адэкIэ зызодз, зэми мыдэкIэ зыкъызодзыж. Къыстезэрыхьар зищIысыр зыгурызгъэIуэну сыхэтщи, къуэм и бгъуитIыр псынщIэу къызоплъыхь. Гу лъызотэ абы и Iуфэ къэс бажэ тIурытIым зэраIыгъыр. Етхуанэр, жыг щIагъ къудамэм тесщи, къоплъых. «Мыбыхэм я тактикэр къызгурыIуащ, - жызоIэр сигукIэ. - Я «къэпхъэным» сихуауэ аращ. Зысхъумэжынущи, сэи, баши, мыви сIыгъкъым. СыпцIанэщ, къуаргъым ещхьу. СыкIийми, цIыхухэм сызэхахынукъым». 
Бажэхэр гъуэрыгъуэурэ къызбгъэдолъадэ, къызопIэстхъ. Насыпыжьыр сиIэти, гъуэншэдж лъабжьэм щIагъщIэлъ къыщIэлът. Армыхъуамэ, псэущхьэ бзаджэхэм си щIыфэр къратхъыпэну къыщIэкIынт. Абы нэзмыгъэсу дапхуэдэу защысхъумами, сщыгъ тIэкIур сщатхъ.
Къыстезэрыгуахэр зыхуейр си щхьэм къысхуигъэтIасэркъым. Iусхужынущи, сыт си Iэмал? IункIыбзэIуххэм полицейскэ кIэфий зэрахэлъыр сигу къэкIыжащ. Псэущхьэхэр абыкIэ Iузогъэщт щыжысIэм, къуэхъуар нэгъуэщIщ: алъандэрэ зы дакъикъэм зы бажэ къыстеуэу щытамэ, фиин зэрезгъажьэу, къыстелъэхэр тIурытI зэрыгъэхъуащ. Къызодзакъэри, модрей джабэм тоувэж, абыхэм яужь иту мыдрей тIур къыстоуэ. 
Фи фIэщ зэрыхъун, сэ Iэджэми сегупсысащ: «мопхуэдизрэ армэм си гъащIэр щысхьауэ, си щIыпIэми ерагъкIэ Алыхьым сыкъихьыжауэ, мыпхуэдэ мыхьэнэншэ гуэр щхьэкIэ емыкIукъэ зызгъэкIуэдыжыну» - жысIэурэ.
Сыдэлъейуэ, сыкъелъыхыу, зыкъезгъэкIэрахъуэкIыурэ сыздэщытым, си къарур зэ мащIэ хъунтэкъэ, «уэлэхьэ, сэ нэгъуэщI Iэмал сиIэжу къыщIэмыкIын!» - жызоIэри сигукIэ, мэз бабыщу плъагъур си IитIымкIэ къызоIэтри, зэрыслъэкIкIэ псы ежэхымкIэ содз. 
- Еуей, абы си щхьэр зэрыхуэмыкIуа! Иджыри къыздэсым арати ахэр зыхуеяр! – жызоIэри си гур зобгъэж. 
АфIэкIа хэлъакъым: бажэхэм сэ сакъыфIэмыIуэхужу, си бабыщыжь мыгъуэмкIэ задз. Сэри къуэм щхьэщыт джабащхьэм сыкъыдопщеижри, паркым хэт ресторанымкIэ соунэтI. Мо зэрыхьзэрий сыздыхэтам, псы сыхуигъэлIат. IуэхущIапIэм и унэм сыщIыхьэну сыукIытэрт: си фэр зэрыпыхуари си щыгъынхэр зэрызэхэчэтхъари зыдэсщIэжырт. Ауэ армэм сызыпхагъэкIа зауэлI гъэпсыкIэр сэбэп къызэрысхуэхъужами шэч къытесхьэртэкъым: псэущхьэхэр си щIыфэм нэзгъэсакъым. Абы щхьэкIэ сыгуфIэрт, Тхьэми фIыщIэ хуэсщIырт. 
Буфетым дэт бзылъхугъэм гу къыщыслъитэм, псы стэчан щхьэкIэ селъэIуащ. Къызэплъа иужь, жеIэ:
- Узэфар пфIэмащIэ?! IукI! Зэплъыжыт! Щхьэ умыукIытэрэ? УздэщыIам кIуэж. 
Си теплъэр укIытэгъуэти, цIыхухэм закъызэрезмыгъэлъэгъунум сыхущIэкъуурэ, хуэмурэ си унэмкIэ секIуэкIыжащ. СыкъыщыкIуэжым сегупсысырт: «Алшагъыр Исуф IэпщэрыбанэкIэ «зыкъезыпщытар» зы хьэкIэкхъуэкIэщ, абы щыгъуэми сэ иIыгъащ. Сэ къыстеуа псэущхьэхэр тху хъурт: абыхэм я лъэбжьанищэмрэ дзэпэфIанэу къызыIуагъэпсхэмрэ сакъелакъэ!? Мыщэжьми зыгуэр къыIэщIэкIауэ жаIэ. Абы Урысейм и ЛIыхъужь цIэр фIезгъэщынти, сэ медаль зрезгъэтыжынт. НыбжькIэ илъэс 75-м сынэсауэ, зыри симылажьэу, а хьэIуцыдз «зауэшхуэм» Алыхьым сыкъызэрыхишам папщIэ... 
МЭРЕМКЪУЛ Лиуан. 2014 гъэ.
Поделиться: