Црым Руслан
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, художник цIэрыIуэ Црым Руслан къызэралъхурэ илъэс 70 ирокъу.
Црым Руслан 1952 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-м Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. 1975 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс къэрал пединститутым и художественно-графикэ факультетыр къиухащ. 2012 гъэм ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, 2021 гъэм а IуэхущIапIэм и академик хъуащ.
И лэжьыгъэ нэхъ купщIафIэхэм ящыщу къалъытащ «Смятение», «Ладья», «Солнце», «Материнство», «Распятие», «Музыкант», «Женщина», «Адам и Ева», «Цветы», «Эльбрус», «Автопортреты», «Жена», «Древний танец», «Два пророка», «Искушение», «Дерево красоты», «Мыслитель», «Восхождение», «Коленнопреклоненная», нэгъуэщIхэри. И сурэтхэр щызэхуэхьэса и альбом зыбжани къыдигъэкIащ Црымым: «Ruslan Tsrym», «метаморфозы TS», монография Славы Лён «TS. Ре-Цептуальный сериал в контексте постмодернизма», «Нартhэр» арт-объект телъыджэр.
Црым Руслан и «Нартhэр» лэжьыгъэм иужькIэ джэгуакIуэу зыкъигъэлъэгъуащ. Художникым и лэжьыгъэр утыку къыщрихьам ар и теплъэкIи купщIэ-кIи телъыджэ ящыхъуащ икIи нэхъапэкIэ абы хуэбгъадэ хъун лэжьыгъэ къызэрыдэмыкIар къалъытащ. СурэтыщIыр илъэс бжыгъэкIэ зэлэжьа «Нартhэр» арт-объектыр къызэрымыкIуэу купщIафIэ ищIащ IуэрыIуатэджхэм я тхыгъэхэм къищынэмыщIауэ архивым щахъумэ дэф-тэрхэри къызэригъэсэбэпам.
Црым Руслан, тхылъ щхьэхуэу мыхъуу, нартхэм елэжьыну, лIыхъужьхэм я сурэтхэр ищIыну куэд щIауэ игу илъти, и хъуэпсапIэр къехъулIащ икIи еплъыкIэ щхьэхуэ зыхуиIэж а Iуэхум хущIыхьэгъуэкIэ бгъэдыхьащ, иужьым «Нартhэр» арт-объектым хуэкIуащ.
- Къысхуагъэлъэгъуа Iуэхум си сценарийкIэ сыбгъэдыхьэну сызэрыхьэзырыр щыжысIэм, арэзы къыздэхъуащ. Апхуэдэ лэжьыгъэм упэрыхьэн папщIэ дуней псом щыпсэу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм Iейм фIыр зэрыщытекIуэр, щIэпхъаджащIэр зэрыбзаджащIэр, цIыхугъэншэмрэ цIыхугъэмрэ япэ игъэщыпхъэр къэплъытэн, уи еплъыкIэрэ бгъэдыхьэкIэрэ абыхэм яхуиIэжын хуейт. «Нартhэр» пшыналъэр щызгъэхьэзырым нэхъ тегъэщIапIэ сщIар ХьэтIохъущокъуэ Къазий 1860 гъэм и Iэдакъэ къыщIэкIа пшыналъэ едзыгъуиплIырщ. IуэрыIуатэм ехьэлIауэ щыIэ ди пшыналъэхэм зэщхьэщыкIыныгъэ куэд хыболъагъуэ. Пшыналъэм щхьэж и еплъыкIэр хилъхьэну хуитыныгъэ имыIэмэ, творческэ и лъэныкъуэкIэ лъэпкъым и зыужьыныгъэр къызэтоувыIэ, - жиIащ Црым Руслан.
И лэжьыгъэм Црымым гулъытэ щыхуищIащ ди лъэпкъ пшыналъэр нэхъ жьы дыдэхэм зэращыщым, пасэм щыIа къэхъукъащIэ гуэрхэр зэуэ уи нэгу къызэрыщIигъэхьэм, джэгуакIуэхэм IуэрыIуатэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэу къекIуэкIами, ипкъ нэхъыщхьэр зэрахъумам, ди нобэм къызэрахьэсам.
Къыхэгъэщыпхъэщ пшыналъэм къыщыхьа языныкъуэ псалъэхэр ди тхыбзэм и хабзэм къызэрыщхьэщыкIыр. Апхуэдэхэщ - «къым» кIэухыр «Iым»-у, куэд бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэ - «хэ» префиксыр - «h»-уэ зэрыщитхар, - «у»-м иужькIэ - «ы» къызэрыщихьар, нэгъуэщIхэри. Абы теухуауэ Црымым жиIащ псалъэхэм я тхыкIэщIэу къыхилъхьам теухуа и еплъыкIэ зэриIэжыр, и арт-объектым ихуа пшыналъэхэм я тхыкIэр псоми къащтэну зэрахуимыгъэувыр, а зэхъуэкIыныгъэхэр бзэм пэгъунэгъухэм гугъу къазэращымыхъунур.
НапэкIуэцI 450-рэ хъу, зи тебзэкIи фащэкIи зыхуей хуэгъэза къыдэкIыгъуэ телъыджэр и бжыгъэкIэ 1000 мэхъу. Абы и Iыхьэхэм къызэщIеубыдэ «IуэхутхьэбзащIэ», «Гугъэ», нарт лIыхъужьхэу Ашэмэз, Батэрэз, Бэдынокъуэ, ТIотIэрэш, Сосрыкъуэ сымэ хуэгъэпса пшыналъэхэр. Тхылъым ихуа пшыналъэхэмрэ сурэтхэмрэ Црым Руслан и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Сурэтхэр Жэмыхъуэ Заур трихащ. Лэжьыгъэр лъэпкъ IуэрыIуатэм, хъугъуэфIыгъуэм, бзэм, щэнхабзэм я хэлъхьэныгъэфIщ.
- Црым Руслан сурэтыщI гъуазджэм зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэри, и школ къыщызэIуихащ. Ар урикъунщ Руслан и пащхьэм уи пыIэр щыщхьэрыпхыну, - жеIэ исскуствовед, художник, усакIуэ Лен Славэ. - ЦIыхубэм я сурэ-тыр ищIащ икIи ар къехъулIащ художникым. Црымым и сурэтхэмкIэ и щIыналъэм хуиIэ лъагъуныгъэр къызэригъэлъагъуэм хуэдэу, зы бзэкIи, зы псалъэкIи Хэку лъагъуныгъэр къыпхуэIуэтэнукъым.
Руслан и лэжьыгъэхэр щахъумэ КъБР-м СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ и музейм, иджырей гъуазджэхэмкIэ Иорданием и Пащтыхь музейм, КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм я музейм и къудамэу Мейкъуапэ щыIэм, иджырей гъуазджэхэмкIэ Москва и музейм. Црымым и лэжьыгъэхэр 80 гъэхэм щыщIэдзауэ республикэ, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтащ. Москва къалэм ЩэнхабзэмкIэ и фондым выставкэхэмрэ аукционхэмкIэ и «Станбет» галереем 1992 гъэм щекIуэкIа и выставкэр цIыхубэм хуабжьу ягу дыхьауэ щытащ. Апхуэдэу и выставкэхэр щекIуэкIащ икIи и сурэтхэм щIэупщIэ щиIэщ Мэхъэчкъалэ, Владикавказ, Налшык, Псыхуабэ, Мейкъуапэ, Сыхъум, Дон Iус Ростов, Москва, Санкт-Петербург, Таллин, Хельсинки, Берлин, Финляндие, Лондон, Истамбыл, Амман, Франджым, нэгъуэщI щIыпIэхэми.
- Црымым и лэжьыгъэхэм гупсысэ куу ящIэлъщ. Дунейм къыщекIуэкIхэмрэ цIыхубэр зыгъэгузавэмрэ зэпымыууэ гулъытэ хуэзыщI художникым и сурэтхэм ахэр къыщигъэлъэгъуащ, тхыдэ къэхъугъэхэр къызэщIиубыдэу, - жеIэ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик Вяжевич Марие. - Руслан и сурэтхэм къызэщIаубыдэ тхыдэри, философиери, культурологиери, филологиери, этимологиери. И лэжьыгъэхэм дамыгъэхэмрэ нэщэнэхэмрэ щыкуэдщ. Зэпымыууэ щIэм лъыхъуэ, кIуэ пэтми зызыузэщI сурэтыщIщ Црымыр.
- Си лэжьыгъэхэр зытезухуа цIыхухэр насыпыфIэкъым икIи насыпыншэкъым. Адыгэбзэм насып псалъэм нэгъуэщI мыхьэнэ щиIэщ, урысыбзэм ебгъапщэмэ. ЦIыхур зэрыпсалъэ бзэм елъытащ абы и гупсысэкIэри, и дуней лъагъукIэри. - жеIэ Црымым. - Зы пIэм зызымыужьу ит художникым щIэупщIэ иIэнукъым. Къыстепса дыгъэр зыхуэдизым елъытащ си сурэтхэм щалъагъу нэхур. Сурэтхэр щIэныгъэкъым, ахэр усыгъэм хуэбгъадэ хъунущ.
СурэтыщI цIэрыIуэ Шемякин Михаил Црымым и лэжьыгъэхэм зыхигъэгъуэза нэужь, абыхэм я фIагъымрэ ахэр зыми зэремыщхьымрэ къигъэуIэбжьащ икIи къилъытащ художникым пасэрей IэпщIэлъапщIэхэм я щапхъэ нэхъыфIхэм пыщIэныгъэ быдэ яхуиIэу.
- Си къуэш, узытет гъуазджэ гъуэгуанэр пхуэугъурлыну, уи IэщIагъэм ехъулIэныгъэрэ текIуэныгъэрэ ущиIэну, насып къыпхудэкIуэну си гуапэщ! - Апхуэдэ псалъэхэмкIэ зыкъыхуигъэзащ Шемякиным.
Дэри дохъуэхъу дызыгъэгушхуэ Црым Руслан зыгъэгушхуэн щымыщIэну.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.