НэхъыфIхэр ягъэлъапIэ![]()
Ар IыхьиплIу гуэшат. Япэм щызэхалъхьэжащ IуэхущIапIэм и инструкторхэм я лэжьыгъэм мы илъэсым и мазибгъум кърикIуахэр. ЕтIуанэм теорие хуэхьэзырыныгъэмкIэ зачётхэр ятащ. Ещанэм комиссэм къилъытащ инструкторхэм республикэм и къуажэхэм мафIэс-профилактикэ Iуэхухэр къызэрыщызэрагъэпэщамрэ зэрыщрагъэкIуэкIамрэ я фIагъыр. КIэух Iыхьэм еплъыныгъэ-зэпеуэм хэтхэм ягъэлъэгъуащ мафIэсым пэщIэтыным теухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр школакIуэхэм, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьакIуэхэм драгъэкIуэкIынымкIэ я зэфIэкIхэр. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэмкIэ инструктор нэхъыфIу къалъытащ КъБР-м мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IэнатIэм и мафIэс-къегъэлакIуэ часть №25-м и инструктор Атлъэскыр ФатIимэ. ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ абы и лэжьэгъу, ПСЧ-20-м и инструктор Маир Камиллэ. Ещанэ увыпIэр лъысащ ПСЧ №14-м и инструктор Гегировэ Аминэ. Еплъыныгъэ-зэпеуэм щытекIуахэм дипломхэр иратащ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 14:54 →
Щыгъуэ махуэр зэрекIуэкIынур
18.05.2026 - 11:34 →
Узэда мэскъалхэм я фIыгъэкIэ
18.05.2026 - 11:32 →
Ящымыгъупщэ къэхъукъащIэ шынагъуэхэр
18.05.2026 - 11:25 →
Тщымыгъупщэну унафэ щыIэщ!
17.05.2026 - 11:34 →
КъБР-м щыIэ МВД-м къет
| ||






«2022 гъэм и мафIэсгъэункIыфI инструктор нэхъыфI» еплъыныгъэ-зэпеуэ екIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IэнатIэм и профилактикэ гупхэм я инструкторхэр.