ЗэIузэпэщ ящI

Налшык и лъэс зекIуапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа лъэжьыгъэхэм пащэ.

 Къэрэшейм и уэрамым бгъурыту ирикIуэ лъэс зекIуапIэр нэхъ инхэм ящыщщ. Псом хуэмыдэу абы теплъэ дахащэ егъуэт гъуэгубгъуитIым Iут бзииху лъагэхэр, фоумэ щыууэ, къыщыгъагъэмрэ бжьыхьэ пщIащэхэм я гъуэжь хъугъуэмрэ. Бульвар бгъуфIэм махуэ псом цIыху куэд щопэкIу. Нэгъабэ лъэс зекIуапIэм жьы хъуауэ телъа асфальтымрэ къэухьхэмрэ къагъэщIэрэщIэжащ, уэздыгъэ пкъо екIухэмкIэ къагъэнэхуащ.
Мы махуэхэм Къэрэшейм и уэрамыпэм къыщыщIэдзауэ япэу узыхуэзэ фэтэр куэду зэхэт унэм нэсыху телъа асфалтри трагъэкъэбзыкIри, кумблIэмбхэр зэтес ящIащ. Лъэс зекIуапIэм къыдэкIуэу, зыхуей хуагъэзэнущ абдеж щыт IуэхущIапIэхэм я бжэIупэхэмрэ дэкIуеипIэхэмрэ. Ахэр къызэрыращIыкIыну плиткэхэр кърашэлIащ.
Лэжьыгъэхэр икIэм нагъэсмэ, а щIыпIэри дахащэу къахэувэнущ зэIузэпэщ ящIахэм.
 

 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: