Ди гулъытэ хуэныкъуэхэм ятеухуауэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и Советым и зи чэзу зэIущIэ зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ щIалэгъуалэм щIэныгъэ, IэщIагъэ егъэгъуэтыным, лэжьапIэ къахуэгъуэтыным теухуа щIыналъэ программэр зэрагъэзащIэм.
 
 Палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэтэлий пэублэ псалъэр иритащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпкъуныгъэмкIэ и министерствэм лэжьапIэ IэнатIэхэмкIэ и Департаментым и унафэщI АфэщIагъуэ Къантемыр. Абы зэрыжиIамкIэ, узыншагъэкIэ сэкъат яIэу 2-нэ, 3-нэ гупым хыхьэ ныбжьыщIэхэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтахэм я бжыгъэр иужь илъэсхэм хохъуэ. Ауэ апхуэдэ щIалэгъуалэм лэжьыгъэ IэнатIэ къахуэбгъуэтыныр егъэлеяуэ хьэлъэщ. ИтIани, а Iэмалу щыIэр къэгъэсэбэпын, хэкIыпIэ къахуэгъуэтын хуейщ зи псэугъуэхэм. 
 - Мы Iуэхум егъэщIылIауэ дэ псом япэ идогъэщ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм депсэлъэныр, дечэнджэщыныр, зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ ныбжьыщIэхэм IэщIагъэ, щIэныгъэ я лъэныкъуэкIэ я зэфIэкI хэзыгъэхъуэн гъэсакIуэхэр къахуэгъуэтыныр,- жиIащ АфэщIагъуэм. 
 Къэпсэлъам зыхуигъазэу, Берд Хьэзрэтэлий жиIащ, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зратым, лэжьыгъэ къызыхуагъуэтым я бжыгъэр икъукIэ мащIэу, арэзы яхуэщIыр процент I8 фIэкI зэрымыхъур ущIэгузэвапхъэу, сыт хуэдэ гугъуехь абы пымыщIами, хэкIыпIэ къахуэгъуэтыпхъэу. 
 ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ачемез.
 Абы зэрыжиIамкIэ, узыншагъэмкIэ сэкъат зиIэ щIалэгъуалэм ящыщу я IэщIагъэ, щIэныгъэ хэзыгъэхъуэну хуейхэм папщIэ зэпеуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэу, чэнджэщ щагъуэтын зэIущIэ купщIафIэхэу 86-рэ икIи щхьэпэ хъуауэ 86-рэ къызэрагъэпэщащ. Мыпхуэдэ ныбжьыщIэхэм ядэлажьэ гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм я зэфIэкIыр хэзыгъэхъуэн курсхэр къызэрагъэпэщ. Кавказ Ищхъэрэр къапщтэмэ, лэжьыгъэ зэфIагъэкIахэмкIэ ди республикэр ику итщ.
 НыбжьыщIэ ныкъуэдыкъуэхэр еджапIэ нэхъыщхьэм, зыщIэхъуэпс IэщIагъэм теухуауэ лажьэ IуэхущIапIэ щыIэщ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ университетым. Абы щызэхэтым и унафэщI КIурашын Заремэ яхузыфIэкIам, зыхунэмысам, мураду яIэхэм щигъэгъуэзащ зэIущIэм хэтахэр. Абы зэрыжиIамкIэ, узыншагъэмкIэ сэкъат яIэу нобэкIэ мыбы студент 46-рэ щоджэ. КIурашыным къызэрыхигъэщамкIэ, иужь илъэсхэм фIыуэ хэхъуащ ирагъаджэхэм я бжыгъэм. Абыхэм ядоIэпыкъу IуэхущIапIэм щызэрагъэууа псапащIэ гупыр, психологхэр. 
 Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым егъэджэныгъэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщI Настуевэ Людмилэ зэрыжиIамкIэ, ныкъуэдыкъуагъ яIэу мы еджапIэм щIэсым я бжыгъэр 570-рэ мэхъу. Абыхэм я нэхъыбапIэр ди гъунэгъу Шэшэн, Ингуш республикэхэм щыщщ. Къэпсэлъам къызэрилъытэмкIэ, апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэр ди Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ къыщыбгъуэтыныр егъэлеяуэ зэрыгугъурщ. Iуэхум хэкIыпIэу хилъагъуэмрэ къалэну зыхуагъэувыжхэмрэ кIэухыу ар къытеувыIащ.
 КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и Советым зэIущIэм хэтахэм ягу къигъэкIыжу аргуэру къытеувыIащ мыхьэнэ ин зиIэ Iуэхугъуэм теухуауэ къэралым пщэрылъ къащищIым. Ар я узыншагъэм амылъытауэ, щIалэгъуалэм щIэныгъэ, IэщIагъэ, лэжьапIэ IэнатIэ зэхэгъэж щымыIэу егъэгъуэтынырщ. Аращ ди республикэм щыпсэу ныбжьыщIэ нрыкъуэдыкъуэхэм папщIэ еджапIэ-методическэ центррэ гуманитар-техническэ колледжрэ къыщызэIуахауэ щIэлажьэр. Мы гъэм ныбжьыщIэу 34-м IэщIагъэ яIэу колледжыр къаухащ икIи абы щыщу II-м лэжьапIэ IэнатIэ ягъуэтащ, цIыхуих еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьащ.
 ЦIыхум лэжьапIэ къыхуэгъуэтынымкIэ федеральнэ IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, зи узыншагъэм сэкъат иIэу лэжьыгъэ къэзылъыхъуэм я бжыгъэр мы гъэм, бжьыхьэм ирихьэлIэу, 30265-рэ мэхъу. Абы щыщу илъэс I8-м щыщIэдзауэ 44-м нэсыр мин 11-м нызэрохьэс. 
 Мы бжыгъэхэр гъэмэщIэнымкIэ лъэпошхьэпо нэхъыщхьэу къэувыр IэщIагъэщIэхэм, щIэныгъэщIэхэм я бжыгъэр зэпымыууэ зэрыхэхъуэрщ. ИтIанэ, цIыху узыншэмрэ ныкъуэдыкъуэмрэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, зэхуэдэу лэжьапIэ къахуэбгъуэтыныр егъэлеяуэ гугъущ.
 КъаIэта упщIэхэмрэ Iэхум тепсэлъыхьа иужь, Жылагъуэ палатэм и Советым ди республикэм и Правительствэм, Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэхэм захуигъэзащ узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ щIалэгъуалэм IэщIагъэ, щIэныгъэ, лэжьыгъэ етынымкIэ щIэгъэкъуэн яхухъун Iуэхухэр  ягъэбелджылыну.
 
 
ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: