И гур лъэпкъым хуэгъэзащ

Зи гуащIэри зи псэри лъэпкъым ета… Апхуэдэу къыщIэздзэнт профессор, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Бакъ Зерэ теухуа тхыгъэр. Зи гупсысэрэ хэлъэтрэ лъэныкъуэ куэдкIэ зыукъуэдийуэ лъэпкъым хуэщхьэпэ адыгэ бзылъхугъэм пщIэ лей хуэфащэщ.

Бакъ Зерэ 1994 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и адыгэбзэ кафедрэм щигъэлъэгъуа щIэныгъэ щапхъэр студент куэдым гъащIэм къащыхуэщхьэпащ. Зерэ доценту лажьэу 2002 гъэм доктор лэжьыгъэр пхигъэкIащ. ИкIи 2017 гъэм пщIондэ мы бзылъхугъэм егъэджэныгъэмкIэ, гъэсэныгъэмкIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ, адыгэ литературэм и курых дыдэр бзэ дахэкIэ щIэблэм ялъигъэIэсащ. Ди тхакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим и гъащIэм IэфIрэ дыджу хэлъар, и творческэ гъуэгуанэм и бгъуфIагъэр, и тхыгъэхэм щIилъхьа щIагъыбзэр, и усэхэр зыхэгъэфIа хьэуар - мыхэр псори Зерэ дигъэлъэгъуащ. ТхакIуэшхуэм и илъэсищэм ирихьэлIэу абы и цIэкIэ медаль иригъэщIри, щэнхабзэм, гъуазджэм, литературэм, егъэджэныгъэм хуэлажьэу лъэпкъым и къэкIуэнум хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа куэдым яхуэупсащ. Иджырей литературэм и щытыкIэм, щIэщыгъуэу хэлъым, тхакIуэщIэу къыхыхьэхэм - псоми гулъытэ яхуещI Зерэ. Абы адыгэбзэм хуеджэ студентхэм папщIэ, къапщтэмэ, дэтхэнэ адыгэми къыхуэщхьэпэну итха тхылъхэр пщIы бжыгъэщ. Литературэм и щэхухэр, тхыгъэ курыххэм теухуа гупсысэхэр, студент гъащIэр къызыхэщ сурэтхэр, щIэныгъэ дэфтэрхэр - куэд ибгъуэтэнущ тхылъхэм. Студентхэм ядригъэкIуэкIа дерсхэм сыт щыгъуи щIэщыгъуэ хилъхьащ, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэм теухуауэ дэнэ сыт хуэдэ тхыгъи, фильми, лэжьыгъи щыIэхэр зэхуихьэсурэ. Нало Заур, КхъуэIуфэ Хьэчим, Хьэх Сэфарбий, ХьэIупэ ДжэбрэIил, нэгъуэщI тхакIуэ куэди и дерсхэм щыхьэщIэрти, иригъаджэхэри насыпыфIэт. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэр, лъэпкъ музейр, лъэпкъ библиотекэр, «Адыгэ унэ» тыкуэн - музейр - адыгэ Iуэхум епха щIыпIэхэр студент куэдым яригъэцIыхуащ, щIэщыгъуэ ящищIащ, Сэралъп Мадинэ и фащэ гъэлъэгъуэныгъэхэм ишэу, Iутыж Мажид лъэпкъым теухуа и гупсысэ Iущхэм щIигъэдэIуу - дэтхэнэр жыпIэн?!

Хэхэс адыгэхэм я литературэми нэсащ, ари щIэблэм ябгъэдилъхьащ. Бакъ Зерэ «Хэку» зэгухьэныгъэм Тыркум, Истамбыл игъэкIуауэ щытащ абы щыIэ адыгэхэр бзэм хуригъэджэну. «Жыг хадэхэр» хасэм а зэманым къекIуалIэу щытахэр анэдэлъхубзэм, адыгэ гъащIэм дригъэхьэхащ, Хэку-анэм дежкIэ къигъэхъуэпсащ. Зерэ Истамбыл щригъэджауэ щыта адыгэхэм ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим сымэ я усэхэр яIурылъщ, Абы нэхъыфIу сыт хуищIэн зы адыгэ бзылъхугъэм лъэпкъым папщIэ жыпIэнт… ауэ хуищIащ! 2015 гъэм «ЩIыуэпсибл» зэпыщIэныгъэ Iуэхум хэту анэдэлъхубзэм хуеджэ студент гуп Тыркум ишэри тхьэмахуитIкIэ абы и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ защригъэплъыхьащ. НыбжьыщIэхэр адыгэ унагъуэхэм щагъэхьэщIащ, адыгэ къулыкъущIэхэм IуагъэщIащ, къэралым щахъумэ адыгэ хабзэжьхэм кIэлъагъэплъащ, зи унакъуэщ абы щыIэхэм хуагъэзащ, хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпищIащ. ЗэпищIащ хабзэкIэ, усыгъэкIэ, цIыхугъэкIэ, къафэкIэ, адыгэ шхыныгъуэкIэ, Iуэху зехьэкIэкIэ, щIэныгъэкIэ. Мис а зэпыщIэныгъэр зэи зэпычынукъым, а лъэпкъ зэкIэлъыкIуэр зэпыунукъым, Хэкурысымрэ хэхэсымр зэлъэIэсынущ псалъэкIи, IуэхукIи, гугъэкIи, насыпкIи.

Зерэ лъэпкъ проектхэм хэтщ, тхылъхэр етх, хамэ къэрал щыIэ ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ пыщIэныгъэхэр егъэбыдэ.

ЦIыхум щхьэхуиту зелъытэж и гупсысэхэр къабзэмэ, и гугъэхэр нэхумэ, и напэр хужьмэ, и IуэхущIафэхэр щхьэпэмэ. Бакъ Зерэ апхуэдэщ. «Гу къабзэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм зэгуэр абы «Гуапагъэмрэ къабзагъэмрэ папщIэ» медаль къыхуигъэфэщауэ щытащ. Бакъ Зерэ адыгэ щIэблэм яхилъхьа щIэныгъэр кIуэтэнущ, зиужьынущ, зэман куэдым зэпрыкIынущ. Апхуэдэущ Iущыгъэ зэрагуэшыр.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: