Псори насыпым елъытащ

 

ЩыIэри, щыIари, щыIэнури зи IэмыщIэ илъ Алыхьым ди натIэ илъымрэ къытпэщылъымрэ зэхуэмыдэу дыкъигъэщIащ. Хэти и гъащIэр щIэращIэщ, насыпкIэ псыхьащ, гуфIэгъуэ защIэм хопсэухь, хэти зы махуэм нэхърэ адрейр нэхъ къытехьэлъэу мэпсэу. Сыт апхуэдэ зэщхьэщыкIыныгъэр къызыхэкIыр? Языныкъуэм батэр ягъэшу, къэнахэм кIэрыхубжьэрыхур я натIэ щхьэ хъурэ?

ЗэрыжаIэмкIэ, псори зэлъытар насыпырщ. Уи кIэн къикIрэ,  насыпыр гуэгъу пхуэхъумэ - утхъэнущ, насыпыншагъэр уи натIэ - уIыхьэншэщ.

Илъэс плIыщIым сынэсащи, цIыхум салъэщIыхьэу щIэздзэу аращ. Гъэсэну сиIахэм, езгъэджахэм къулыкъумрэ сомымрэ я гуэгъущ. СогуфIэ абыхэм папщIэ. Уи гуащIэ зыхэплъхьам, къару зытебгъэкIуэдам, зэману мымащIэ зыхухэпхам и Iуэхур щыфIым деж, ар сыту гухэхъуэгъуэ. Ауэ абыхэм уащылъэщIэмыхьэм деж, гур тэмакъым фIонэ. Былымаблэу, сомщIэкъуу сыщыткъым, ауэ цIыхухэм ди псэукIэр зэрызэхуэмыдэм сегъэгумэщI. Насыпыр Iыхьэмыгуэшщ, жаIэ. Сыхуейт дунейм тет дэтхэнэ зы цIыхури насыпкIэ мыфыгъуэу гъащIэр ирахьэкIыну. Дунейм дызэхуэдэу дыкъыщытехьакIэ, насыпри ди зэхуэдэу щытыныр си хъуэпсапIэщ.

 

 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: