Адыгэпсэ зиIэ Быщтэ Азэмэт

Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Быщтэ Азэмэт дыгъэгъазэм и 5-м къыщалъхуа махуэр егъэлъапIэ, мы гъэм абы и ныбжьыр илъэс 30 ирокъу.
ЩIалэщIэр зэхыхьэ куэдым ирагъэблагъэ, ар псапащIэ Iуэхухэм хуэжыдэрщ. ЖыпIэнуракъэ, иджыпсту нэхъ щIэупщIэ зиIэ уэрэджыIакIуэхэм ящыщщ Быщтэр. 
- Сэ сыкъыщыхъуар унагъуэ къызэрыгуэкIщ. Ди унагъуэм дапщэщи макъамэ, уэрэд къызэрыщыIум насыпыфIэ дищIырт, - жеIэ Азэмэт.
Иужьрей зэманым и гъащIэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм я гугъу щищIкIэ, Быщтэм псом япэ ирегъэщ, унагъуэ зэрыхъуар, бын зэригъуэтар. Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ а лъэбакъуэм щIалэм и гъащIэм куэдым зыщригъэхъуэжащи, езым зэрыжиIэмкIэ, иджы зэригъэзахуэр, зэпилъытыр куэдкIэ нэхъыбэщ.
Музыкэ Iуэхум щытепсэлъыхькIэ концерт инхэм, проект гъэщIэгъуэнхэм зэрыхэтар, абыхэм и къэухьым зэрызрагъэужьам и гугъу ещI.
- Пэжщ, сэ щIыпIэ куэдым уэрэд щыжысIащ, ехъулIэныгъэ хъарзынэхэри сиIэщ, ауэ, си щхьэр лъагэу щIэсIэтын Iуэху музыкэм и лъэныкъуэкIэ иджыри сщIауэ къэслъытэркъым. Лъэпкъ мюзикл згъэувыну сыщIохъуэпс. Ар къызэбгъэпэщыныр икъукIэ лэжьыгъэ хьэлъэщ, ауэ сэ дапщэщи фIым сыхуоплъэри, сыщогугъ ар зэгуэр къызэхъулIэну. Къызыщыхъун щыIэщ ар си щхьэ иризгъэлъэпIэн щхьэкIэ мурад сщIа Iуэхуу. Хьэуэ. Ар, япэрауэ, лъэпкъ щэнхабзэр ипэкIэ зыгъэкIуэтэнщ, итIанэ, уэрэджыIакIуэ къудейуэ си цIэр къэнэну сыхуейкъым. 
СэркIэ мыхьэнэ ин иIэу иджыри зы Iуэхугъуэ си гъащIэм къыщыхъуащ. СыщыныбжьыщIэм сызыхэту щыта «Налмэс» ансамблым щылэжьэн щIэздзащ. Пшынэ соуэ, уэрэд жызоIэ. 
Сэ жысIэ уэрэдхэр къыщыхэсхкIэ куэду сыхоплъыхь. Ику ныбжьым ит цIыхухъухэм, цIыхубзхэм, щIалэгъуалэм яхуэгъэзащ си репертуарыр. Ауэ, си концертхэм къакIуэр илъэс 30-35-м итхэмрэ тIэкIу нэхъыжьхэмрэщ. Си уэрэдхэр хэкум, лъэпкъ лъагъуныгъэм, ди тхыдэм, къуэпсхэм ятеухуащ. Куэду си гуапэ мэхъу си концертхэм ныбжьыщIэхэр щIэсу щыслъагъукIэ - и нэхъыбэм ахэр хэкупсэу къэхъу щIэблэм ящыщщ.
ЦIыхухэр нэхъ зэдэIуэну яфIэфI уэрэдхэр жаIэ хабзэщ языныкъуэ уэрэджыIакIуэхэм. Абы и IуэхукIэ сэ си насып къихьауэ жыпIэ хъунущ - сэ згъэзащIэхэр сигу ирихьхэрщ. Ауэ апхуэдэу щхьэхуит сыхъун папщIэ лэжьыгъэшхуэ сщIащ. Утыку сызэрит илъэс бжыгъэм, си уэрэдхэр фIыуэ зылъагъу цIыху гупыфI зэзгъэпэщащи, дапщэщи си концертхэм къокIуэ, си гъусэщ. Абыхэм фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ. 
Уэрэдыпкъ куэд яхужызмыIэу зэзгъэтIылъэкIащ сэ къызэкIури къызэмыкIури фIыуэ къызгуроIуэ. Лъагъуныгъэм и IэфIагъым зэкIэригъапщIэ уэрэдхэр, псалъэ гуемыкIу зыхэтхэр, цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я пщIэр езыудыхыу къэслъытэхэр жысIэркъым икIи жысIэнукъым. ИтIанэ, сэ зэи утыкум футболкэ, джинс, цыджанэ сщыгъыу сыкъихьэнукъым. Е адыгэ фащэ, е кIэстум зэпыт щызотIагъэ.
Къапщтэмэ, сэ зыми зезгъапщэркъым, сефыгъуэркъым, сеижыркъым. СощIэж, илъэс I2-м ситу, ди хьэблэм дэс, си ныбжьэгъу щIалэ цIыкIум компьютер къыхуащэхуати сехъуэпсауэ зэрыщытар. Абдеж си адэ-анэм яхузэфIэкIынутэкъыми, хэзгъэзыхьакъым. Илъэс I3 - I4-м щегъэжьауэ си сом къэзлэжьыжу сыхъуат. ХьэгъуэлIыгъуэхэм пшынэ, пхъэцIыч сеуэу, сыкъафэу сыхэтт, сызэхъуапсэ гуэрхэр езым къэсщэхужыфын, си адэ-анэм сом щхьэкIэ семылъэIун щхьэкIэ. Абы щегъэжьауэ солажьэ, сиIэ псори гугъуехьщ, пщIэнтIэпсщ къызэрызлэжьар.
  Зыхэзмыныф хьэлхэм ящыщщ си гур цIыхухэм яхузэIухауэ сызэрыпсэур. Абы и зэран мызэ-мытIэу къызэкIыжами, схузыхэныркъым. Ауэ цIыхур къыщызэижкIэ, а Iуэхур къыщIэхъуа щхьэусыгъуэр зэхызогъэкIри, итIанэщ унафэ къыщысхьыр. ГъащIэр куэду зэхэухуэнащ, цIыхум щхьэусыгъуэ хуэхъуар умыщIэу, уи щIыбагъ къэбгъазэу уежьэжкIэ зэфIэкIыркъым. 
Гъэсэныгъэм нэхъ мылъку лъапIэ цIыхум иIэкъым, иIэнуи си фIэщ хъуркъым. ЦIыхум сыт хуэдэ фIагъ бгъэдэлъми, мыгъасэмэ – егъэкIуэдыж. Апхуэдэм сытым зрипщытми, зыри къехъулIэнукъым. Мыгъасэ мэсэхъу! 
Быщтэм игъэлъапIэ махуэшхуэхэм ящыщщ Адыгэ ныпым и махуэр, Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр, апхуэдэу абы щыгъупщэркъым Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэр.
- Псом хуэмыдэу сфIэфIщ Адыгэ фащэм и махуэр. СызэрыцIыкIурэ фащэ щызотIагъэ. Мы зэманкIэ фащиплI сиIэщи, плIыри пасэ зэманым щыIам хуэдэу къызыхуэтыншэу зэгъэпэщащ. Ахэр махуэшхуэхэм я закъуэкъым щыщыстIагъэр, махуэ къэси схущытIэгъэнущ, дэни срикIуэфынущ, апхуэдизкIэ фIыуэ солъагъури.
Быщтэ Азэмэт и махуэ лъапIэмпIэ дохъуэхъу, ефIакIуэу иджыри илъэс куэдкIэ адыгэ утыкур игъэбжьыфIэну ди гуапэщ.
Тэрчокъуэ Дисэ.
Поделиться: