Фызыхуэсакъыж

Дуней псор зэлъэзыщIыса узыфэщ СПИД-р. Абы илIыкIхэмрэ ар зыпкърытхэмрэ я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр къыщыпщIэкIэ, СПИД-м дунейм цIыху мин бжыгъэхэр мыхъуу, къэрал псохэр тригъэкъэбзыкIынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр къыбгуроIуэ.
I988 гъэм къэрал псоми узыншагъэр хъумэнымкIэ я министрхэр зэхуэсри, а узыфэ шынагъуэм цIыхухэр щахъумэнымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм тепсэлъыхьащ. Нэхъыщхьэуи абы щыгъуэм къыхагъэщауэ щытащ СПИД-м къытхуихь тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр цIыхухэм къагурыIуэн зэрыхуейр. Абы иужькIэ дыгъэгъазэм и I-р СПИД-м ебэныным и дунейпсо махуэу ягъэуващ.
СПИД-м пыщIа гузэвэгъуэр къызыгурыIуэхэр иужьрей зэманым нэхъыбэ хъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ абы ехьэлIауэ къыщIагъэкI хущхъуэхэр зэрефIэкIуар, сымаджэхэм я гъащIэм къызэрыпащэр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, а узыфэр зыгъэхъужыф зэкIэ щыIэкъым.
ЮНЭЙДС зэгухьэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, дуней псом щыпсэу цIыху мелуан 35,7-м япкърытщ а узыфэ шынагъуэр, абы щыщу мелуан 26-р IэнатIэ Iутщ.
СПИД-р нэхъыбэу зэфыкIыр афиянымрэ фадэмрэ зи нэрыгъхэрщ. Абы пыщIащ венерическэ узыфэхэр, гепатитыр. СПИД-р зэуэлIам и блэгухэр, куэбзэпсхэр нэхъ ин мэхъу, техьэгъуэм зэщIеубыдэ, и щIыфэм плъыжьыгъэ къытрекIутэ, и жьэ кIуэцIыр къоху, пхъашэ мэхъу. А узыфэр зыпкърыт цIыхум и лъыр къыфлъэмыIэсамэ, ар шынагъуэкъым, Iэ зэрыубыдкIэ, хьэуамкIэ, унагъуэм щызепхьэ хьэпшыпхэмкIэ СПИД-р къоуэлIэнукъым. Мастэ зыхевгъэлъхьэн хуей хъумэ, зэ фIэкIа къамыгъэсэбэп шприцхэр къэфщэху.
Медицинэм и Iэмалхэм я закъуэкIэ узыпэлъэщын узыфэкъым ар, абы цIыхубэм я къару псори хузэщIэгъэуIуэн хуейщ. Абы къыхэкIыуи, СПИД-м ебэныным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, узыфэ зэрыцIалэр къызыхэкIым, абы зэрызиубгъум, къишэ шынагъуэхэр зыхуэдэм, зэрызыщыпхъумэным теухуа зэхыхьэр дуней псом къыщызэрагъэпэщ.
Дохутырхэм цIыхухэр къыхураджэ зыкIэлъыплъыжыну, къабзэлъабзэу зэрыщытыным хущIэкъуну, щIэх-щIэхыурэ я узыншагъэр зыхуэдэр кърагъэпщытэну.

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: