Куэд щыгъуазэкъым

ИлъэсыщIэр къэсыным къэнэжар мазэ иримыкъущ. Дэтхэнэ зыми (псом хуэмыдэу зи унагъуэм сабий исхэм) иджыпсту щыщIэдзауэ хуэмурэ зыхуагъэхьэзыр абы. Псом япэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, ягъэщIэрэщIэну псей жыгхэрщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щIым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ щIыуэпсымкIэ и министерствэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, ди республикэр тхьэмпэ къызыпыкIэ жыгхэмкIэ къулейщ, псей лIэужьыгъуэхэри ди мащIэкъым икIи абыхэм нэхъыбэу уащрихьэлIэр «Iуащхьэмахуэ лъапэ» лъэпкъ паркырщ. Хабзэ хъуауэ, дыгъэгъазэм и I0 - I2-хэм щегъэжьауэ щIышылэм и I2-м нэсыху а щIыпIэхэм инспекторхэр щоплъыр. Иужьрей илъэсхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, цIыхухэр хабзэм ебакъуэу псей е уэздыгъей щыпаупщIа ирихьэлIакъым: я зэхэщIыкIыр нэхъ лъагэ хъуащ е къазэретхьэкъунур хьэкъыу япхыкIащ.
Ди республикэм псей жармыкIэхэр мыгувэу къызэIуахынущ. Ахэр гъэкIэ зыбгъупщI мэхъу. Псей IэрыщIхэр куэдым къагъэсэбэп пэтми, мэ гуакIуэ зыщыу жыгхэм пхутемыкIынухэри нэхъыбэжщ. Япэм илъэсыщIэр зэриухыу апхуэдиз псейхэр зыми имыIысу хыфIадзэжу щытамэ, иджы ахэр хъумэным тегъэщIауэ щэхуакIуэхэр Iуэхум бгъэдохьэ. Фэри гу лъыфтауэ къыщIэкIынщ, жармыкIэхэм щIым зэрыхэту щащэ псей цIыкIухэм. Дауэдапщэхэр зэриухыу ахэр пщIантIэм е хадэхэм щыхэпсэжыныр игъуэщ, илъэс I2 енкIэ зы метррэ ныкъуэкIэ фIэкIа ахэр хэмыхъуэми.
Къэрэшей-Шэрджэсым псей гъэкIыным елэжь и питомникхэм щапхъэ зытрахыпхъэу зы Iуэху къыхалъхьащ: илъэсыщIэм псей цIыкIухэр бэджэнду къэзыщтэну хуейхэм хуашэ, дауэдапщэхэр зэфIэкIмэ, езыхэр къокIуэри, яшэж, ахъши пэкIуэрэ жыгхэри хъума хъууэ.
ЩIэныгъэлIхэм дызэрыщагъэгъуэзамкIэ, щIым хэт псейхэр къэзыщэхухэм ящIапхъэщ ахэр махуитI нэхърэ нэхъыбэкIэ унэм щIэбгъэт зэрымыхъунур. ЗэрытщIэмкIэ, псей къыпаупщIахэр махуипщIым нэскIэ гъэщIэрэщIауэ щыгъэтыныр хабзэу къокIуэкI. ЩIым хэтхэр апхуэдизрэ унэм щIэбгъэтмэ, гъатхэр къэблэгъауэ къащыхъунурэ, къэтIэпIын щIадзэнущ икIи, псом нэхърэ нэхъ гугъур, щIыбым къыщIахыу хасэжкIэ къазэрыхуемыгъэлынурщ. Апхуэдэу къэмыхъун папщIэ, илъэсыщIэр къыщихьэ дыдэм унэм щывгъэуви, къыкIэлъыкIуэ махуэм щIэфхыж. Ар куэд зыщымыгъуазэ Iуэхущ.
Псейм къыпих фитонцидхэр хущхъуэгъуэшхуэу къалъытэ. Ар сыт щыгъуи унэм щIэзыгъэтыну хуейхэм папщIэ псей, уэздыгъей лъахъшэрыкIхэри къежьауэ щыIэщ, илъэсыщIэм бгъэщIэращIэрэ, адэкIэ жыг сэбэпу унэм къыщIэнэжу. Аращи, цIыхур зыхэдэн ягъуэтынущ. 
Лъостэн Музэ.
Поделиться: