Спортым дихьэххэм я бжыгъэм хохъуэ

 Зэрысабийрэ спортым жыджэру хэтым ар балигъыпIэ иува нэужьи IэщIыб хуэщIыркъым. Языныкъуэхэм гъащIэм IэщIагъэ нэхъыщхьэ щахуохъу, адрейхэр, я лэжьыгъэр абы ирамыпхами, спортым щекIуэкIым сытым дежи щыгъуазэу, а унэтIыныгъэм фIыуэ хащIыкIыу щытщ. Нобэ ди псэлъэгъу, спортым и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ щыхуагъасэу Налшык къалэ дэт IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ спортым и мастер ГъуаплъащIэ ТIэхьир IэнатIэ зыбжанэ ирихьэкIащ, ауэ абыхэм къадэкIуэуи сытым дежи спорт Iуэхум хэтащ. Иужьым ар IэщIагъэ нэхъыщхьэ хуэхъужауэ, ныбжьыщIэхэр спортым хуегъасэ.
- ТIэхьир, спортым дауэ удихьэха хъуат?
- Дэтхэнэ зы щIалэ цIыкIуми и гъащIэм спортым увыпIэ гуэр щеубыд. Абы и лIэужьыгъуэхэм ящыщ зым - ар бэнэкIэ, е топ джэгу, е нэгъуэщI ирехъуи - и сабиигъуэм зыхуэзымыгъэса щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ псоми езым я дуней еплъыкIэ, я гупсысэкIэ яIэжу зэрыщытым къыхэкIыу, хэти и гъащIэм ар адэкIи къыщыдогъуэгурыкIуэ, хэти и сабиигъуэм къыхенэ. Сэри сыцIыкIуу сыдихьэхащ спортым, лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ зызгъасэрт. Апхуэдэу, 5-нэ классым сыщIэсу щIалэшхуэхэм сахэту топ сыджэгуу щытащ. 8-нэ классым сыщеджэу бэнэкIэмкIэ районым и чемпион сыхъуащ. Си ехъулIэныгъэхэм, си зэфIэкIхэм адэкIи сытрагъэгушхуэурэ спортыр си гъащIэм куууэ къыхыхьащ. 
- Фи IуэхущIапIэм щекIуэкI лэжьыгъэм нэхъ зэхэхауэ и гугъу уэзгъэщIынут.
- НыбжьыщIэхэр дэзыхьэх спорт лIэужьыгъуэмкIэ я зэфIэкIым зегъэужьынырщ, республикэр зэрыгушхуэн щIалэхэр къэдгъэтэджынырщ ди IуэхущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэр. Къапщтэмэ, спорт лIэужьыгъуэу 8-м худогъасэ. Мыбы къокIуалIэ сабий 700-м щIигъу. Ди деж абыхэм щызрагъэгъуэт спорт утыкушхуэм щагъэлъэгъуэну зэфIэкIым и лъабжьэр. Зыхуэдгъасэ лIэужьыгъуэ псомкIи ди гъэсэнхэм республикэ, урысей, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьэ. Сытым нэхъ дихьэхрэ жыпIэмэ, псори зэхуэдэу къыщIэкIынщ, цIыху бжыгъэр зыхуримыкъу унэтIыныгъэ яхэткъым. Абы дрогушхуэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ сабий нэхъыбэ ди деж къекIуэлIэху, уэрамым хьэулейуэ дэтыр нэхъ мащIэ хъууэ аращи. Спортым дихьэха ныбжьыщIэм мыхъумыщIагъэ ищIэну зэмани иIэнукъым, уеблэмэ абы егупсысынукъым.
Ди лэжьакIуэхэм я гугъу пщIымэ, псори щIалэ хъарзынэхэщ, жэуаплыныгъэшхуэ яхэлъу я IэнатIэр ирахьэкI. Абыхэм яхэтщ УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэхэр, спортым и мастерхэр, жыпIэнурамэ, дэтхэнэми и лэжьыгъэм нэсу хещIыкI. Къетхьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхури зэгурыIуэ ди яку дэлъу зэфIыдох.
- ТIэхьир, щIалэгъуалэ куэди бгъэсащ, ноби абыхэм уадолажьэ. Шэч хэмылъу, ныбжьыщIэхэм яхэтщ узэрыгушхуэхэр. Къапщтэмэ, сыт хуэдэ нобэрей ди щIалэгъуалэр?
- ЩIалэгъуалэ хъарзынэ диIэщ. Ди гъэсэнхэр къэсщтэнщи, зи дуней тетыкIэкIэ, хьэл-щэнкIэ дызытеукIытыхьын яхэткъым. Пэжщ, сампIэимыхьэ гуэрхэри къахокI, ауэ ахэри нэхъыфIхэм ядэплъейуэрэ захъуэж. «Чы щIыкIэ къыумыгъэшар бжэгъу хъуа иужь къыпхуэгъэшыжынукъым», - жеIэ псалъэжьым. Абы къыхэкIыу балигъхэр дыхущIэкъун хуейщ и чэзум сабийхэм гъэсэныгъэ тэмэм зэредгъэгъуэтыным. Апхуэдэу, спортым зэрыхуэдгъасэм къыдэкIуэу, ныбжьыщIэхэм я гъэсэныгъэми гулъытэ худощI.
Сызэрыгушхуэ ныбжьыщIэхэм я гугъу пщIымэ, псоми я цIэр къысхуиIуэнкъым, нэхъыщхьэращи, куэдкIэ узыщыгугъ хъун щIалэхэр диIэщ. Абыхэм адэкIи дащогугъ спорт утыкушхуэм зэфIэкI лъагэхэр щагъэлъэгъуэну.
- Уэ узэреплъымкIэ, ди республикэм спортым сыт хуэдэ гулъытэ щыхуащIрэ?
- Псоми гу зэрылъатащи, иужьрей илъэсхэм а унэтIыныгъэм мыхьэнэшхуэ зиIэ зэхъуэкIыныгъэхэр щокIуэкI. Къуажэ къэс спорт утыкухэр къыщызэрагъэпэщ, апхуэдэ IуэхущIапIэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэрырагъэфIэкIуэным иужь итщ. ЖыпIэнурамэ, зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм абыхэм я Iуэхур нэхъ зэпэщ мэхъу. Гуапэ пщымыхъуу къанэркъым щIалэгъуалэр спортым нэхъ дихьэх зэрыхъуар, абы къыхыхьэм я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр.
Епсэлъар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ