Узым зыщыфхъумэ

ХэткIи щэхукъым, Iэщхэм япкъырыт узыфэхэм ящыщ куэдыр цIыхухэм я дежи зэрынэсыр. Ахэр къыхэкIынкIэ мэхъу махуэ къэс фшхы шхыныгъуэхэм-лыхэкIхэм, гъэшхэкIхэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм, хадэхэкIхэм.

Зэуэ къахуэкIуа щхьэ, лъатэ узхэр япэ щIыкIэ зыми «гельминт» маркуэм хуахьыркъым. Абыи псом нэхъ шынагъуэу яхэтщ «бычьи цепень»-кIэ зэджэм къытехъукI «тениаринхоз» узыфэр. А маркуэм и кIыхьагъыр метыри 6 - 7-м нос, зырищIэри кIэтIий псыгъуэрщ. Ар Iэщым къыпкърыкIа нэужь, удзым, щIым, псым хъарзынэу зыхагъэзагъэ. АдэкIэ тынш дыдэу езы Iэщхэри зэроцIалэ, цIыхум дежи нос.

Абыхэм къежьапIэ яхуохъу мывэпауэ е мыжьэпауэ яшх лыр, къабзагъэм кIэлъымыплъыныр. Ар зыпкъырыт цIыхум и щхьэр, и лъатэр къеузу, и къэжьын къакIуэу, абыи емылъытауэ, куэд ишхыу, а ишхри кIэрымыпщIэу щытынущ, уеблэмэ и лъыр щымащIи щытэмакъкIэщIи къэхъуу.

«Тениаринхозыр» къахутэн папщIэ, цIыхум и узыншагъэр зыхуэдэр лъэныкъуэ псомкIи къапщытэнущ, и лъым и щытыкIэм къыщыщIэдзауэ. Абы иужькIэ хущхъуэгъуэхэмкIэ йоIэзэ. Ауэ а узыфэ гурымыхьыр къапкъэрымыхьэн папщIэ, лыр икIэм нэсу гъэхьэзырын, лыхэкIыр къыщыфщэху щIыпIэхэм щызекIуэ къабзагъэ мардэхэм гу лъыфтэн, лыр зэрыкъабзэм щыхьэт техъуэ дэфтэр сату зыщIхэм яIэрэ ямыIэрэ зэвгъэщIэн хуейщ.

ЖЭМАН Мадинэ.
Поделиться: