Хэкум и ехъулIэныгъэр игъэнэхъапэу

  Си тхыгъэр теухуащ ЛIуп лъэпкъым  щапхъэ зытепх хъуну къахэкIа  адыгэлIым. Ар къэралым, республикэм, щалъхуа Щхьэлыкъуэ жылэм я ехъулIэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ  игъэнэхъапэу псэуа ЛIуп Жанхъуэт Ибрэхьим и къуэрщ.

Жанхъуэт и адэ Ибрэхьимрэ сэ си адэшхуэ Индрисрэ   зэкъуэшщ.   Ибрэхьимрэ и щхьэгъусэ КъанцIыкIурэ (ар ПщыцIыкIухэ япхъут) щIалитхурэ хъыджэбзищрэ зэдагъуэтащ. Жэпуэгъуэ революцэ иныр текIуэу, совет властыр ди щIыналъэм  щагъэува нэужь, унагъуэшхуэм и нэхъыжьхэм гурэ псэкIэ къащтащ  псэукIэщIэр икIи абы и телъхьэу бынри яущиящ.  Зэрыбынийм я нэхъыщIэ дыдэт  Жанхъуэт.   Ар 1900 гъэм Щхьэлыкъуэ къыщалъхуащ. ЦIыху пэжу, жыджэру къэхъу щIалэщIэм и ныбжьыр илъэс 24-рэ хъуами арат,  коммунистическэ партым щыхыхьам.   Жанхъуэт  лIыгъэ зэрихьэу хэтащ граждан зауэм, апхуэдэуи лъэкI къигъэнакъым Къэбэрдей-Балъкъэрым  социализмэр щыухуэнымкIэ. 

1917 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Жанхъуэт дзэм хыхьащ   Георгиевск къалэм щыIа 1-нэ коммунист ротэм  и зауэлIу. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым абы къулыкъу щищIащ Псыхуабэ, иужькIэ хэтащ Шкуро  зи пашэ щIэпхъаджащIэ гупыр  Минводы щызэтезыукIахэм.  Адыгэ щIалэр лIыгъэ зэрихьэу япэщIэтащ Деникин и дзэхэми. Абы щыгъуэ ар  шууей эскадроным и унафэщI хъуакIэт.  Бгырыс  хахуэм Граждан  зауэм щызэрихьа лIыгъэхэр абдеж  къыщыувыIакъым. Коммунист пашэр щызэуащ Шэшэн-Ингуш щIыналъэм, щытащ шууей тIасхъэщIэх гупым я унафэщIу. 

Дэфтэр хъумапIэм щIэлъ тхылъхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, зауэ нэужь лъэхъэнэми Жанхъуэт жыджэру яхэтащ   социализмэр Къэбэрдей-Балъкъэрым  щызыухуахэми. ЯпэщIыкIэ ар щытащ Налшык гарнизоным и унафэщIым и къуэдзэу, щIэпхъаджащIэ гупхэм япэщIэт гуп хэхам и  пашэу. ИужькIэ ар лэжьащ щалъхуа   Щхьэлыкъуэ  къуажэм и советым и тхьэмадэу, Налшык окружной исполкомым и унафэщIу. I924 гъэм ЛIупыр ираджащ  Къэрал политикэ управленэ зэгуэтхэм (ОГПУ) и органхэм икIи Къбэрдей-Балъкъэрым и окружной оперуполномоченнэу, тезырхэр щрахьэкI унэм и унафэщIу илъэси 6-кIэ лэжьащ,  ди щIыналъэм жылагъуэ зэпIэзэрытыныгъэр щызэтеIыгъэным,  псэукIэ хабзэщIэхэр щыгъэбыдэным, ахэр къызэпемыгъэудыным  зэфIэкIышхуэ  ирихьэлIэу.

Пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ къалэнри дагъуэншэу зэфIэхыным хущIэкъуу, зыпэрыт лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу дапщэщи щытащ ЛIуп Жанхъуэт. Акъыл куурэ гупсысэ шэщIарэ зиIэ адыгэлIым   Налшык и зыужьыныгъэм, ефIэкIуэныгъэм хуэгъэпса IуэхугъуэфIхэр зэфIигъэкIащ къалащхьэм и гъэзэщIакIуэ комитетым и тхьэмадэу  щыщыта илъэсхэми.  А  унафэщI  щыпкъэм а лъэхъэнэм  Iуэху зехьэкIэу иIам теухуа хъыбар Щхьэлыкъуэ сыщрихьэлIат, ЛIупхэ я малъхъэу щыта    Къардэн Хьэсэн мыгъуэм и дыуэщIым  сыдэту. Ар  къытхуиIуэтэжат Жанхъуэт и  дэIэпыкъуэгъуу а зэманым лэжьа Къардэн ТIэмашэ. 

- Партым и обкомымрэ къалэ исполкомымрэ  Къэбэрдей уэрамым тет унэшхуэм щIэст абы  щыгъуэ. Къалащхьэм и зыужьыныгъэм къаруушхуэ ирихьэлIэу лажьэрт  Жанхъуэт. Сэ си нэгу щIэкIырт а  Iуэхум теухуауэ абы зэфIих   лэжьыгъэ псори, - игу къегъэкIыж ТIэмашэ. – Зэгуэрым  ЛIупым мурад ищIащ  къалэм дэс щIалэгъуалэр топ щыджэгу хъуну  губгъуэшхуэ Налшык дищIыхьыну. Абы хухиха щIыпIэр зыхуэзэр иджыпсту Лениным и фэеплъыр здэщытым дежт. А зэманым ар банэрэ къуацэкIэ зэщIэкIэжауэ апхуэдэти,  щIыпIэр игъэкъэбзэн папщIэ щэбэт щIыхьэхушхуэ къызэригъэпэщат. Къалэдэс щIалэгъуалэм нэмыщI, абы къекIуэлIат Вольнэ Аул,  Кэнжэ, Щхьэлыкъуэ жылэхэм дэсхэри, джыдэрэ пхъэхрэ я Iэдэжу. ПхъэнкIийр зэрыIуашын машинэхэри  мащIэтэкъым. Зы махуэм и кIуэцIкIэ щIыпIэр ягъэкъэбзащ, къыумыцIыхужыным хуэдэу.

Абы зэрыжиIэжымкIэ, махуэ зытIу нэхъ дэмыкIыу а  IэгъуэблагъэмкIэ кIуэн хуей хъуащ  партым и обкомым и япэ секретарь Къалмыкъ БетIал. Езым и унафэ хэмылъу щIыпIэр апхуэдэу зыщIар хэтми щыщIэупщIэм, къыжраIащ ар къалэ исполкомым и унафэщI ЛIупыр зэрыарар. АфIэкI Iуэхум хэмылъу  Къалмыкъым ЛIупыр  къулыкъум IуигъэкIащ икIи  а лъэхъэнэм нэхъ  гугъу дыдэу ялъытэу щыта транспорт IэнатIэм  игъэкIуащ. Апхуэдэу 1934 гъэм Жанхъуэт хъуащ гъуэгу транспортымкIэ щIыналъэ IэнатIэм и унафэщI.

 Абдежым щиухакъым ЛIупым и гугъуехьхэр. Транспорт Iуэхур зэIубз ищIыжа къудейуэ,  абы къытрачри Жанхъуэт Щхьэлыкъуэ  колхозым  председателу I936 гъэм и щэкIуэгъуэм ягъэкIуащ.  ЩытыкIэ хьэлъэм итт  абы щыгъуэ а колхозыр. ЩIымахуэм хуэмыхьэзыру техьа хозяйствэм   мэкъумылэр къемэщIэкIырти, Iэщыр зэтелIэу хуежьащ. Апхуэдэу  гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэми хуэхьэзыртэкъм колхозыр. А псомкIи ягъэкъуэншащ ЛIуп Жанхъуэт. IэнатIэщIэм зэрыпэрытрэ мазитI фIэкIа мыхъуауэ, 1937 гъэм и щIышылэ мазэм ар ягъэтIысащ,  «партым и бий», «колхозыр зэтезыгъэщахэ» цIэхэр фIащри.  ТращIыхьа судым и унафэкIэ,  а  илъэс  дыдэм и бадзэуэгъуэм и 25-м    ЛIуп Жанхъуэт яукIащ.

Жанхъуэт  и щхьэгъусэ Фросярэ ипхъу цIыкIу Лолэрэ хэкум ирахури Къэзахъстан жыжьэр псэупIэ хуащIащ.  Фрося тутнакъэщым исащ, хъыджэбз цIыкIур сабий унэм иратащ.  1957 гъэм ЛIуп Жанхъуэти абы и унагъуэри  хей ящIыжащ.  Фрося ди щIыналъэм къигъэзэжащ, Налшык фэтэр къыщратри абы щIэсащ. Зэщхьэгъусэхэм япхъу закъуэр  кIуэдащ: абы и лъэужь щытехьэфакъым ар здэщыIа сабий унэми нэгъуэщI щIыпIэхэми…

Илъэс 37-рэщ зэрыпсэуар революционер хахуэр, псэукIэщIэм и телъхьэ цIыху пэжыр, ауэ абы хузэфIэкIащ и хэкум и ехъулIэныгъэ къызэрыкI IуэхугъуэфI куэд зэфIихын.  Нэхъыбэжи зыхузэфIэкIыну  адыгэлIыр ищIэну псоми хунигъэсакъым  зэман бзаджэмрэ унафэщI ерумрэ. Апхуэдэ совет унагъуэ дапщэ зэхэкъута хъуа а лъэхъэнэ хьэлъэм?!

ЛIуп Жанхъуэт Ибрэхьим и къуэм хуэдэхэм  я гъащIэр щапхъэщ къытщIэхъуэ щIэблэмкIэ. Апхуэдэхэм я цIэхэр ящремыгъупщэ ахэр къызыхэкIа лъэпкъми.

ЛIУП Нурхьэлий,

егъэджэныгъэм и  ветеран.

  

Поделиться: