НэхъыфIхэр ягъэлъапIэКъБР-м щыIэ МВД-м Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэмрэ къэрал кIуэцI дзэхэмрэ я ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Пыхъ МуIэед УФ-м и ОВД-м и ветеранхэм я урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и дамыгъэ лъапIэхэр яритащ лэжьыгъэм къыхэжаныкIахэм. «Ветеран зэщIэхъееныгъэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» медалыр къыхуагъэфэщащ КъБР-м щыIэ МВД-м и Тылым и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Корниенкэ Сергей. «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалыр иратащ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм и унафэщI, полицэм и полковник Шыбзыхъуэ Хьэчимрэ Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районным щыIэ и къудамэм и унафэщI, полицэм и полковник Джэрыджэ Борисрэ.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2026 - 12:26 →
Тхьэмадэм и щIыхькIэ
18.04.2026 - 11:18 →
Лэжьыгъэшхуэхэм пащэ
17.04.2026 - 16:22 →
Псапэщ икIи гуапэщ
17.04.2026 - 13:09 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 11:08 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||





